Адыгэпщым ипхъу нэрыбгей
Дуней псом текъухьам елъытауэ, хэкум адыгэу исыр Iэгубжьэ хуэдиз хъууэ аращ. Дэнэ къыщымыхутами, сыт хуэдэ IэнатIэ Iумыувами, адыгэр адыгэу сытым дежи щытыжащ, щIэблэм зэращымыгъупщэн IуэхуфIхэри ялэжьу псэуащ. Апхуэдэщ Европэм и тхыдэм къыхэнэжа адыгэ уэркъ пщащэр. Зэгуэр муслъымэныгъэр IэщIыб ищIу, чыристан диныр къэзыщтауэ жыхуаIар, ягъэсыну тезыр зытралъхьэу, жэуапым IэщIэкIа бзылъхугъэр.
17-нэ лIэщIыгъуэм псэуа леди Ширли Терезэ (Сампсоние) тхыдэм хыхьащ инджылыз дипломат Ширли Роберт и щхьэгъусэу. Ар щхьэгъусэ къудейтэкъым, и щхьэгъусэ къулыкъущIэм и чэнджэщэгъут, ар къэрал IуэхукIэ дэнэ ямыгъэкIуами Терезэ щIыгъут, и ныбжьэгъу пэжт...