Мэуэт нэрыбгей, синд гуащэ
Адыгэ тхакIуэ, усакIуэ, драматург IутIыж Борис и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Тыргъэтауэ» пьесэ цIэрыIуэр. Абы къыщыIуэтащ адыгэхэр къызытехъукIа мэуэтхэм ящыщ бзылъхугъэ Тыргъэтауэ и гъащIэр къызэрекIуэкIар. Къэбэрдей драмэ театрым щагъэуват спектаклыр икIи илъэс куэд щIауэ догъэщIагъуэ а бзылъхугъэм и образ гъуэзэджэр. Куэдым ящIэркъым IутIыжым ар къигупсыса мыхъуу, пэж дыдэу тхыдэм къыхэщыж пащтыхь гуащэм и гъащIэм щыщ пычыгъуэу къызэриIуэтэжар. Ауэ пьесэм къыщыгъэлъэгъуа кIэухым хуэдэкъым Тыргъэтауэ и хъыбарым иIар. Ди лъэхъэнэм и пэкIэ 388 гъэм къалъхуащ Тыргъэтауэ икIи синдхэм япщ Джэгъэтей и щхьэгъусэу щытащ...