Найти в Дзене

Адыгэ къалэм и къэунэхукIар

Адыгэ къалэр (Адыгейск) хы ФIыцIэмкIэ уикIыу Адыгэ республикэм ущыхуэкIуэкIэ япэу узыIущIэ къалэрщ. Республикэм и гъунэщ. Къалэр щIалэщ, ауэ, хуумыгъэфэщэну, зиужьащ. Уей-уей жезыгъыIэхэм ящымыщми, дунейм и къалэ цIыкIу мин бжыгъэхэм ящыщщ, езым и гъащIэ, и тхыдэ гуащIэ, и цIыху телъыджэхэр иIэжщ.
1969 гъэм ди къэралым и картэр иджыри зы мэскъалкIэ нэхъ бей хъуащ – Адыгэ Республикэм хыхьэ Тэучэж куейм Адыгейск къалэщIэр къыщыунэхуащ. Ар фIы дыдэкъэ-тIэ? ФIыщ, ауэ абы къэунэхупIэ хуэхъуар гукъутэщ…
Илъэсым прунж тонн мелуан бжыгъэхэр Адыгэ Республикэм къыщрахьэлIэжрэ, хамэ къэралхэм кърашыр IэщIыб ящIыну, абы папщIи Краснодар псы хъумапIэ лъэщ къыщызэрагъэпэщыну траухуат унафэщIхэм. А мурадыр къайхъулIэн папщIэ, нэ зытращIа щIыпIэм ис къуажэ 22-р зэран хъурт. Урысейр къэрал абрагъуэщ. Сыт абы дежкIэ жылэ 22-р зищIысыр?! Ар дуней псор зыгъэгызу щыта пщышхуэхэм я щIыналъэ телъыджэмкIэ мэскъалщ, ауэ а жылэхэм дэса цIыхухэм я дежкIэ – гуIэгъуэшхуэт.
Жылэдэсхэр сыт хуэдэу мытхьэусыхами, къик

Адыгэ къалэр (Адыгейск) хы ФIыцIэмкIэ уикIыу Адыгэ республикэм ущыхуэкIуэкIэ япэу узыIущIэ къалэрщ. Республикэм и гъунэщ. Къалэр щIалэщ, ауэ, хуумыгъэфэщэну, зиужьащ. Уей-уей жезыгъыIэхэм ящымыщми, дунейм и къалэ цIыкIу мин бжыгъэхэм ящыщщ, езым и гъащIэ, и тхыдэ гуащIэ, и цIыху телъыджэхэр иIэжщ.
1969 гъэм ди къэралым и картэр иджыри зы мэскъалкIэ нэхъ бей хъуащ – Адыгэ Республикэм хыхьэ Тэучэж куейм Адыгейск къалэщIэр къыщыунэхуащ. Ар фIы дыдэкъэ-тIэ? ФIыщ, ауэ абы къэунэхупIэ хуэхъуар гукъутэщ…
Илъэсым прунж тонн мелуан бжыгъэхэр Адыгэ Республикэм къыщрахьэлIэжрэ, хамэ къэралхэм кърашыр IэщIыб ящIыну, абы папщIи Краснодар псы хъумапIэ лъэщ къыщызэрагъэпэщыну траухуат унафэщIхэм. А мурадыр къайхъулIэн папщIэ, нэ зытращIа щIыпIэм ис къуажэ 22-р зэран хъурт. Урысейр къэрал абрагъуэщ. Сыт абы дежкIэ жылэ 22-р зищIысыр?! Ар дуней псор зыгъэгызу щыта пщышхуэхэм я щIыналъэ телъыджэмкIэ мэскъалщ, ауэ а жылэхэм дэса цIыхухэм я дежкIэ – гуIэгъуэшхуэт.
Жылэдэсхэр сыт хуэдэу мытхьэусыхами, къикIа щыIэкъым — Москва унафэ щащIам Псыжь IуащIэну. Гъатхэм а псыр уэру къожэ, ауэ гъэмахуэкIэ, бгым телъ уэсыр ткIужа, дыгъэ жьэражьэр щIылъэм къыщхьэщыува нэужь, псы хъумапIэр ПсыжькIэ гъэнщIа хъуркъым, лъэкIыркъым. Аращ «IуэхуфIым» и проектыр щызэхагъэувэм къамылъытар.
Унафэ ящIахэм япкъ иткIэ, бжьэдыгъу жылэ 13-м зы цIыху къыдамынэу, ягъэIэпхъуащ, иджыри 9-м цIыху куэд дыдэ къыдагъэIэпхъукIащ, ауэ зэрыщыту дашыфакъым. ЦIыхухэм я унэхэр ябгынэну хуейтэкъым, къахудэкIыртэкъыми, къалэм унэ щыхуаухуауэ, фэтэр, лъапсэ къыщратыну жраIэурэ, къыдашырт.
Дэнэт здагъэIэпхъуэнур жыпIэмэ, Адыгейскт. Абы щыгъуэ ар иджыри щIыпIэ нэщIт.
Арати унагъуэ 1957-рэ ягъэIэпхъуащ, ахэр цIыху 8145 хъурт. 1969 гъэм фокIадэм и 27-м Адыгейск япэ дыдэу дэтIысхьащ Лъостэнхьэблэ щыщ унагъуэ 22-рэ. Абыхэм адрейхэри якIэлъыкIуащ.
— Сэ фIы дыдэу сощIэж Адыгейск дыкъыщагъэIэпхъуауэ щытар, — жеIэ Жамырзэ Гуащэнагъуэ. – Сэ курыт еджапIэм сыщIэст иджыри. Ныуэжьхэм я унэ-лъапсэр ябгынэну хуэмейуэ, зыкъранэрт, ауэ залымыгъэкIэ къыдашырт. Дэри, адрейхэм хуэдэу, ди унэри дызыхуеину псори хьэзыру къыджаIэрт, батэкъутэ ягъэшырт. Ауэ дыкъыздэкIуар зищIысыр къыдгурымыIуэу, дыкъэуIэбжьат. ИхъуреягъкIэ нэщIт. Адыгейск зытращIыхьыну щIыр шэду щытащ. Пэжщ, шэдт, хьэндыркъуакъуэрэ блэрэ щыкуэду. Сытыт пщIэнур: пхъэкIэ зэIулIа унэжь цIыкIухэм дыщIэст, хэти, зэрыхузэфIэкIым елъытауэ, унэ ищIырт, зыр зым дэIэпыкъужырт, зэкъуэтт. Ауэрэ унэ гуэрхэри къалэм къыдэуващ, властми мащIэу зыкъытщIигъакъуэу щIидзащ. Пэжыр жыпIэмэ, шэдым, псы хъумапIэм зыкъуагъащIэрт – блынхэр псыIэ къэхъуурэ, фырт, бамэм унэм ущIигъэсыртэкъым, унэм нэхъ мащIэрэ дызэрыщIэсыным дыхэт зэпытт. ЩIыхъейр тхуэлъэ хъуат, блын фахэр мащIэ-мащIэурэ къещэтэхырт. Мэзхэр ираупщIыкIати, пхъэ гъэсыныр зыгуэрурэ къэгъуэтын хуейт, псы дызэфэнри къатшэу арат. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, нитраткIэ къулей щIыгъэпшэрхэр щIым щIалъхьэти, а гын бзаджэр щIым кIуэцIрыкIыурэ, ди псыкъуийхэм нэсырт, абы уефэнри уи IэкIэ зыбукIыжынри – зыт. Зи Iуфэхэр фIыуэ ямыгъэбыда псы хъумапIэм ибгъухэр гуилъэсыкIырти, псыIагъэм нэхъри зиубгъурт, щIым укIуэцIрыщэтырт. Псы хъумапIэр Iэтауэ къызэIуахами, лIэныгъэр куэдкIэ нэхъыбэ хъуат, лъхугъэри мащIэ дыдэт. Ди щIалэщIэхэр армэм ираджэжыртэкъым, я узыншагъэр щIагъуэтэкъыми. Япэм хуэдэуи, нобэр къыздэсым ди щIалэгъуалэм я упщIэ нэхъыщхьэр зыщ – дэнэ лэжьапIэ дыкIуэну, дэнэ ахъшэ къыщыдлэжьыну? ЦIыху минхэр Краснодар нэс макIуэ лэжьапIэ. Сыт нэгъуэщI къахуэнэжыр?
Прунж тонн мелуанхэр-щэ, жыпIэмэ, ди щIыпIэхэм прунжыр къыщыкIрэ къыщымыкIрэ зэгъэщIэн хуеяуэ къыщIэкIынущ япэ щIыкIэ. Ари проектыр зыгъэхьэзырахэм я зы щыуагъэщ. КъызэрыщIэкIымкIи, гектар минищэ бжыгъэхэр зыубыда «мурадыфIым» хузэфIэкIыр зыщ – къэзухъуреихь щIыуэпсым хэлъ гъащIэр иукIынырщ. Псым апхуэдизкIэ нитратрэ гъущI хьэлъэхэмрэ куэду хэлъщи, бдзэжьей хэс дэнэ къэна, ухуейуэ хэбгъэтIысхьэми, зы махуэ хэсыфынукъым, къазхэмрэ бабыщхэмрэ абдеж щагъэтIылъ джэдыкIэхэр шкIумпI мэхъу. Гъэмахуэм бадзэмрэ аргъуеймрэ апхуэдизкIэ куэдщи, зэрызащыпхъумэнур умыщIэжу укъонэ.
Арами, цIыхухэр хуейкъым, псы хъумапIэм ит псы фIейр Псыжь храгъэкIэжыну, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, псоми фIыуэ къагуроIуэ абы кърикIуэну къулейсызыгъэм и инагъыр. ЦIыхухэр зыщIэлъэIур зыщ – «Краснодар хым» и щытыкIэмрэ и зэхэлъыкIэмрэ мардэм къитIасэу, шынагъуэ хэмылъу ар зи лэжьыгъэхэм «яIыгъынырщ». БлэкIар блэкIащ, абы зыри пхуещIэжынукъым. Псом хуэмыдэу уи блэкIар псы лъабжьэм щыщIэлъым деж. Гуузщ, ауэ сыт пщIэн? Ари гъащIэм и зы лъэхъэнэщи, уебэкъуэн хуейуэ аращ.
Е здэщымыIэм, фIыи щыIэкъым жаIэ. Нобэ Адыгейск ефIакIуэу къалъытэ. Ар нэрылъагъущ икIи уи фIэщ закъуэ хъунукъым къалэм ущыдэткIэ, а щIыпIэр зэгуэр къуму щытауэ, «шэдым къыхэкIауэ», апхуэдизу щIалэу. Курыт еджапIэ, сабий сад, сымаджэщ, музей, гъуазджэхэмкIэ сабий еджапIэ, сабий-щIалэгъуалэ спорт школ, сабий туризмэм и центр, мэжджыт, щэнхабзэм и унэ, куей газет, тхылъ тедзапIэ, тыкуэн бжыгъэншэхэр, шхапIэ хьэлэмэтхэр, унэ лъагэшхуэхэр, IуэхущIапIэхэр, библиотекэхэр… Сыт иджыри узыхуейр упсэун папщIэ? КъедмыбжэкIахэри хэтыжу, псори иIэщ къалэ цIыкIум.
СпортымкIэ, музыкэмкIэ ехъулIэныгъэшхуэхэр зиIэхэр, Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызезыхьахэр, лэжьыгъэм и ветеранхэр, зачиифIэ цIыхухэр и куэдщ Адыгэ къалэм. ФIы и лъэныкъуэкIэ гъащIэм закъыхуигъэзауэ жыпIэ хъунущ.
Адыгэ къалэр къэунэхун папщIэ Щхьэнджэрийхьэблэ, Едэпсыкъуей, Щэбэныхьэблэ, Лэхъщыкъуей, Ленинхьэблэ, Къэзэныкъуей, Нэчэрэзей, Маяк, Лъостэнхьэблэ, Кармалино, Къэнщыкъуейхьэблэ, Пщыкъуийхьэблэ, нэгъуэщI жылэ зыбжанэхэри кIуэдыжащ. Дэтхэнэ къуажэми илъэсищэ бжыгъэ тхыдэ иIэжт…
Дауэ мыхъуами, иджыри дунейм щобауэ жыг жьауэхэм щIэгъэпщкIухьа жылэ дахэм хуэзэшхэр, псы уэрым и IущащэкIэр зи тхьэкIумэ итхэр, щIы фIыцIэ пшэрым и берычэтыр зыцIыхужхэр, псэм фIэIэфI унэ-лъапсэ уасэншэм и теплъэр зи нэгу щIэмыкIыжхэр.
А зэман жыжьэм и хъыбар щаIуэтэжкIэ, куэдым ягу къокIыж щIыпIэр ибгынэну хуэмейуэ къыдэна хьэжьыр. Сыт ямыщIами, къахудэкIакъым. Хьэр зей лIыжьыр абы кIэлъыкIуэурэ, игъашхэрт. КIуэ пэтми, псы хъумапIэр щыз хъурт, хьэжьыр зыдэлъ лъапсэм ар къыщекIуалIэкIэ, ныбжьэгъу пэжыр, пщIэууэ, икIуэтырт. Унэр псым щыщIэтIысыкIым ирихьэлIэу хьэжьми и псэр хэкIат.