Неандерталец (палеонтроп) жыхуаIэ цIыху лъэпкъыгъуэр илъэс мин 600 и пэкIэ Европэм щыпсэуащ икIи илъэс мин 40-кIэ узэIэбэкIыжмэ икIуэдыкIыжауэ е нэгъуэщI лъэпкъым хэшыпсыхьыжауэ хуагъэфащэ. Абыхэм я хьэдэ къупщхьэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ ди щIыналъэм зэи зыри щрихьэлIатэкъым нобэр къыздэсым, ауэ Зэикъуэ къуажэ щыIэ бгъуэнщIагъхэм ящыщ зым иджыблагъэ къыщагъуэтащ неандерталецым и къупщхьэ…
Палеонтропым и къупщхьэ япэ дыдэ Бельгием къыщагъуэтащ 1829 гъэм. Дарвин Чарлз и щIэныгъэ Iуэху еплъыкIэр и лъабжьэу, 1871 гъэм щыщIэдзауэ неандерталецыр номинымрэ иджырей цIыхумрэ я зэхуаку дэта цIыху лIэужьыгъуэу къахутащ. Ахэр лъагэу пхужыIэнутэкъым – сантиметри I65 хъууэ арат, езыхэр Iэчлъэчт, къупщхьэшхуэт (ауэ балигъыпIэ щиувам деж шэ емызэгъыу зэрыхъум къыхэкIкIэ, къупщхьэ уз яIэт), щхьэшхуэт, натIэ лъахъшэт, нэпкъыщхьэ Iувт, и щхьэ хьэлъэм иришэх нэхъей, дамагуэт, Iэ кIыхьт, пщэ кIэщIт, цыплът, фэ хужьт. Абыхэм я бынхэр «ин хъууэ цIыкIу хъужам» хуэдэу къэзылъхуахэм ещхьт икIи илъэси 8-I0-хэм ирихь