Адыгэхэр Iэнэ тIысамэ, хабзэ дахэу яIэм я тетыгъуэт. “Iэнэ утIысамэ, зэманыр къоувыIэ”, — жеIэ адыгэ псалъэжьым. ГуфIэгъуэр иригъэкIуэкIыну Iэнэм тхьэмадэу ягъэтIысыр пщIэшхуэ зыхуащI нэхъыжьт: благъэ е гъунэгъу. Iэнэр къызэIузыхри, псом япэ дыдэ шхыным хэIэбэри, фадэ зыIэтри арат. Нэхъыжьым имыщIэу, абы къыхуимыдауэ, Iэнэм зыгуэр тIысынуи, къэтэджынуи, хъуэхъу жиIэнуи хуиттэкъым.
Тхьэмадэм ижьырабгъукIэ хьэщIэхэм я нэхъыжьыр ягъэтIысырт, сэмэгумкIэ – хэгъэрейхэм я нэхъыжьыр. Адрей къеблэгъахэр нэхъыжьыгъуэкIэ Iэнэм тIысынут. Я ныбжьым емылъытауэ, анэм, гуащэм и лъэныкъуэкIэ къикIа хьэщIэхэм, тIысыпIэ нэхъыфI дыдэхэр хуагъэфащэрт, пщIэ кIэлъызэрахьэу.
ЦIыхубзхэмрэ цIыхухъухэмрэ зы Iэнэ Iусу зэи къэхъуакъым. Бзылъхугъэхэм Iэнэ щхьэхуэ нэгъуэщI пэш щыхуаухуэрт.
Тхьэмадэм и дэIэпыкъуэгъу нэхъыщхьэм зэреджэр «бгъуэщIэсщ». Ар ныбжькIэ тхьэмадэм нэхърэ нэхъ щIалэт. БгъуэщIэсым и жыIэр ягъэзащIэу ныбжькIэ щIалэщIэхэу «щхьэгъэрыт» зыбжанэ иIэт. Абыхэм фадэ, ерыскъы къыщIахьэ-щIахыжу арат. Щхьэ