«ФIы лъагъуныгъэр псэм и лъащIэщ», — Лермонтов Михаил.
Нэчыхьытхыр адыгэхэм я махуэшхуэ лъапIэт. Нэхъыбэм ныбжьыщIэхэр я зэгурыIуэныгъэкIэ, я фIэфIыныгъэкIэ я насыпыр зэпащIэрт.
Пщащэмрэ щIалэмрэ хьэгъуэлIыгъуэм, адыгэ илъэсыщIэм, гуфIэгъуэ махуэхэм щызэрыцIыхурт.
ЦIыхухэм укъалъагъуу узэхуэзэныр, ууэршэрыныр емыкIушхуэу къызэралъытэм къыхэкIыу, ныбжьыщIэхэр дэлэлкIэ зэрыщIэрт. Псалъэм папщIэ, щIалэм и ныбжьэгъухэр пщащэм деж къакIуэрти, щауэм и гум хуилъыр къащIэрт, гуапагъэрэ хуабагъэрэ я зэхуаку дэлъмэт лъыхъу щагъэкIуэнур.
Адыгэхэм зэрыжаIэмкIэ, благъэ жыжьэми, уилъ зыхэт къэпшэныр напэтехт, зэи пхуэмыпшыныжын гуэныхьышхуэт.
Пщащэм и ныбжьыр дэкIуэгъуэм щынэблагъэкIэ, пэш щхьэхуэ хухагъэкIырт. Абы пщащэр и псэм и щIасэм щыхуэзэну, щызэпсэлъэну хуитт, ауэ хъыджэбзым дыщIыгъун хуей и шыпхъу, дэлъху нэхъыщIэ е и ныбжьэгъу.
Хъыджэбзым и унагъуэм ягъакIуэ лъыхъум пщIэ, нэмыс зыхуащI нэхъыжь зыбжанэ пашэу яхэтт, щIалэгъуалэ, благъэ, Iыхьлы куэду дыщIагъужырти, гъуэгуанэ трагъэувэрт. Нэса