Дуней псом текъухьам елъытауэ, хэкум адыгэу исыр Iэгубжьэ хуэдиз хъууэ аращ. Дэнэ къыщымыхутами, сыт хуэдэ IэнатIэ Iумыувами, адыгэр адыгэу сытым дежи щытыжащ, щIэблэм зэращымыгъупщэн IуэхуфIхэри ялэжьу псэуащ. Апхуэдэщ Европэм и тхыдэм къыхэнэжа адыгэ уэркъ пщащэр. Зэгуэр муслъымэныгъэр IэщIыб ищIу, чыристан диныр къэзыщтауэ жыхуаIар, ягъэсыну тезыр зытралъхьэу, жэуапым IэщIэкIа бзылъхугъэр.
17-нэ лIэщIыгъуэм псэуа леди Ширли Терезэ (Сампсоние) тхыдэм хыхьащ инджылыз дипломат Ширли Роберт и щхьэгъусэу. Ар щхьэгъусэ къудейтэкъым, и щхьэгъусэ къулыкъущIэм и чэнджэщэгъут, ар къэрал IуэхукIэ дэнэ ямыгъэкIуами Терезэ щIыгъут, и ныбжьэгъу пэжт.
Ираным сефивидхэм я хьэмтетыгъуэм шахыу щыта Аббас Езанэм и благъэт Терезэ, абы щыпсэу адыгэ унагъуэм щалъхуат, Исмэхьил-хъан ипхъут. Исмэхьил и шыпхъур шах Аббас и щхьэгъусэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытам тепщIыхьмэ, унагъуэр цIэрыIуэт, хуэщIат, къэралым и унафэщIым щыкъу щIалэ хуэхъун хуэдэуи лъэпкъ лъэрызехьэт къызыхэкIар. ЗэратхыжымкIэ, Терезэ и сабиигъуэр Исфахан щихьащ, зигъафIэу дыгъэпс хуабэм зегъэун фIэкI нэхъ гугъуехь имылъагъуу, алэрыбгъу лъапсейхэм тесу уардэ унэм щIапIыкIащ.
Пщащэ цIыкIур тхьэIухудт икIи зэчиифIэт: екIуу шэсырт, сурэт дахэу ищIырт, дыщэидэм хуэIэзэт, бзэ зыбжанэм хуиту ирипсалъэрт, цIыхухъум нэхърэ мынэхъ тIасхъэу джатэри игъабзэрт.
Хъыджэбзым и гъащIэм зыкъыщридзэкIар инджылыз щIалэщIэр уардэ унэм къеуэса нэужьщ. 1598-1599 гъэхэм и къуэш Энтони щыгъуу Роберт Къэжэрым кIуащ. Ахэр хэпщIагъэххэт политикэ джэгушхуэу шах Аббас зэхиджам. Абы къилъыхъуэрт и бий бзаджэу къэгъуэгурыкIуэ Уэсмэн къэралыгъуэм пэщIэтынымкIэ дамэгъу къыхуэхъун гуэр. ЦIыхухъухэм къэрал Iуэху зэрахуэу зэгурыIуэныгъэ гуэрхэр зэращIылIэху, зыми и гущхьэ къэмыкIыхха къэхъуащ – инджылыз щIалэмрэ адыгэ уэркъ пщащэмрэ фIыуэ зэрылъэгъуащ.
Аббас нэхъыфI дыдэу илъагъу и щхьэгъусэм и дэлъху быну Терезие езым фызу къишэну зыхуигъэтIыгъуэми, пщащэм и гурылъхэм щыгъуазэ щыхъум, апхуэдизу Iуэхутхьэбзэшхуэ къыхуэзыщIэ и инджылыз дамэгъум адыгэ хъыджэбзыр иритащ. Нэчыхьыр 1608 гъэм мазаем и 2-м ятхащ. ЗэрыжаIэмкIи, хьэгъуэлIыгъуэр щыдахар шахым и уардэ унэрщ, езы дыдэри тхьэмадэу абы хэту.
Унагъуэ ихьэри, Сампсоние щэхуу католичествэр къищтащ, абдежым и цIэр яхъуэжри, Терезэ цIэр къратащ. Апхуэдэу, адыгэ пщащэ зэчиифIэр леди Ширли Терезэ хъуащ.
Нэчыхь зэратхрэ куэд мыщIэу, Терезэ и щхьэгъусэм щIыгъуу Европэм къулыкъу IуэхукIэ кIуащ. Роберт и пщэм къалэнышхуэ дэлът – абы европей уэркъхэм къагуригъэIуэн хуейт Къэжэрыр Уэсмэн къэралыгъуэм езэуэн папщIэ дамэгъу зэрылъыхъуэр. Апхуэдэу, 1609 гъэм, гъуэгу теува къудейуэ, шахым и жэгъуэгъу гуп зэщхьэгъуситIым ятеуэри, Роберт гъэр ящIат, ауэ Iэщэм хуэIэрыхуэу япIа Терезэ зыми имылъэгъуа лIыгъэ къылъыкъуэкIри, и щхьэгъусэр бзаджащIэхэм къаIэщIихыжащ. Ар зи нэгу щIэкIа кIэзехьэхэм яIуэтэжащ пасэрей зэманым хы ФIыцIэм и Iэхэлъахэм щыпсэууэ зи хъыбар зэхаха нэрыбгейхэм хуэдэу адыгэ бзылъхугъэр щIэпхъаджащIэхэм зэрезэуар.
Пэж дыдэу, и щхьэгъусэм и пщэ къыдалъхьа къалэныр зигу иримыхьхэм ягъахъэхэм япэ зригъэщу, Терезэ и лIыр ажалым мызэмытIэу къыIэщIихащ. Абы къыдэкIуэу, Терезэ зэIущIэхэм хэтт, зэдзэкIакIуи, чэнджэщэгъуи, уэршэрэгъуи хуэхъурт и щхьэгъусэм. Абы щыгъуэщ адыгэ цIыхубзыр Урысей пащтыхь Шуйский Василий щыIущIар.
1611 гъэм Франджымрэ Бельгиемрэ я къалэнхэр щагъэзащIэри, Инджылызым екIуэлIэжащ зэщхьэгъуситIыр. А гъэ дыдэм, бжьыхьэу, Стюартхэм я уардэ унэм уей-уей жригъэIэу щыхьэщIащ Терезэ. Адыгэ лъэпкъым къыхэкIауэ, хабзэ дахэ хэлъу, щэныфIэу, губзыгъэу, бзэ зыбжанэм ириуэршэру, фащэ екIухэр зэблихъуу, игурэ и щхьэрэ зэтелъу, гу къабзэу, акъыл жану… Илъэс куэдкIэ яIуэтэжыну ирикъунт Стюартхэ ар.
Сассекс щаIэ лъапсэшхуэм екIуэлIэжа нэужь, Ширли зэщхьэгъусэхэм щIалэ къахэхъуащ. Сабий и быф адэ хъуар Инджылызым и пащтыхь Яков Езанэм и къуэ Генрих Фредерик принцыр арат. Быф анэ хъуащ пащтыхь гуащэ Датскэ Аннэ.
ИлъэскIэ Инджылызым щыIащ ахэр. Ауэ, къэжэр шахым я пщэ къыдилъхьа къулыкъур и кIэм нэгъэсын хуейти, Къэжэрым ягъэзэжащ Ширли зэщхьэгъусэхэм. Гъуэгуанэр сабийм къехьэлъэкIынущ жаIэри, Роберт и адэ-анэм къыхуагъэнат ар, ауэ, зэрыжаIэмкIэ, куэдрэ псэуакъым щIалэ цIыкIур – 1622 гъэм дунейм ехыжауэ хуагъэфащэ.
Пэж дыдэу, гъуэгуанэ хьэлъэт Робертрэ Терезэрэ къапэщылъыр. Ахэр Къэжэрым зэрыкIуэж кхъухьыр псым щIилъафэ пэтащ, кхъухьтедзапIэм нэсыпауэ, ытет бзаджащIэхэр къатеуащ. Ахэм быдэу къагурыIуэжырт кърахуэкI Iуэхугъуэхэм текIуэдэжынкIэ зэрыхъунури, аргуэру Терезэ лIыгъэ имыгъэлъагъуэу хъуакъым – джатэ къихакIэ бзаджащIэхэм мызэмытIэу щапэщIэтаи щыIащ. Ауэрэ, 1615 гъэм, Къэжэрым нэсыжащ, сытмэ.
Илъэс зыбжанэ дэкIри, аргуэру Европэм трагъэзэн хуей хъуащ. Ауэ иджы Терезэ хъыджэбз ныбжьыщIэтэкъым, атIэ цIыхубз зэпIэзэрытт, гъащIэм Iущ-бзаджэ ищIат, куэд и нэгу щIэкIат. 1617-1623 гъэхэм зэщхьэгъуситIыр щыIащ Испаниемрэ Италиемрэ. Мадрид щыщыIам Ширлихэр илъэс зыбжанэкIэ щыхьэщIащ Филипп Ещанэм, иужькIэ Филипп ЕплIанэм деж. А тIум гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым жаIэ, апхуэдизкIэ цIыху екIухэт, дахэт, зэпIэзэрытти.
1623 гъэм ахэр иджыри зэ Инджылызым кIуащ. Иужь дыдэу Европэм щыщыIари абы щыгъуэщ. 1627 гъэм Къэжэрым кIуэжри, зэи къухьэпIэмкIэ ягъэзакъым абыхэм.
Терезэ щалъхуа къэралыгъуэм щигъэзэжам Аббас шахым и къару илъыжтэкъым. Ар жьы хъуат, «хьэIуцыдзыр» куэду къепщIэкIат, и псэр зэрыхэкIыу хьэмтетыгъуэр зезылъэфэлIэным щхьэкIэ зэзэуэжыни щIадзагъэххэт. Аббас и блыгущIэт нэхъыщхьэ дыдэ Робертым куэд къефыгъуэрт, и ехъулIэныгъэхэм иризэгуэудт, и щхьэгъусэми ней-нейкIэ къеплъ хъуат. Зи къару зэрытIэпIыкI цIыхубзыр лъэныкъуэ зэрырагъэзыну Iэмалу зы закъуэщ ягъуэтар жэгъуэгъухэм – фIэщхъуныгъэр. Терезэ зэгуэр муслъымэну щытауэ, ауэ и диныр чыристанкIэ ихъуэжауэ хэIущIыIу щащIым, ар муслъымэн къэралыгъуэм уафэхъуэпскIыу щыIуащ. А псалъэмакъыр шахым деж нагъэсыжати, адыгэ цIыхубзыр ягъэсыну гугъэрт псори. Роберт а псоми хуабжьу иригузавэрт, уз хихат уеблэмэ. 1628 гъэм бадзэуэгъуэм и 13-м Терезэ и щхьэгъусэр дунейм ехыжащ. И псэр щыхэкIым, ар къэлъэIуат католическэ хабзэм тету щIалъхьэжу. Абы папщIэ Терезэ и щхьэр паупщIыну шынагъуэ щыIэми, и щхьэгъусэр зыщIэлъэIуар игъэзэщIащ…
Аббас цIыхубзыр ириджэри, Iуэхур зытетым пыухыкIауэ щигъэгъуэзэну унафэ къыхуищIащ: щхьэ цIыхухэр ТерезэкIэ мыарэзырэ, апхуэдиз псалъэмакъым лъабжьэ яхуэхъуар сыт? Ар цIыху Iущт, уардэ унэм къыщекIуэкI псалъэмакъхэми щыгъуазэт, шахым и жэгъуэгъухэм я къуаншагъэр утыку кърихьэу, и щхьэр хухэхынут Iуэхум, ауэ пцIыупсынымрэ бзэгу зехьэнымрэ икIагъэу къилъытэри, зы псалъэ жиIакъым. Апхуэдэ шыIэныгъэрэ лIыгъэрэ бзылъхугъэхэм зэи дилъэгъуатэкъым Аббаси, Терезэ и хьэл-щэным нэхъри дихьэхри, псори хуигъэгъуащ.
Куэд дэмыкIыу Аббас лIащ. ШахыщIэу къытеува Сефи Езанэм чыристанхэр илъагъу хъуртэкъыми, и щIыбагъ Терезэ хуигъэзащ занщIэу. Эмамголи-хъан Ширазэ губернаторым жиIащ, Терезэ муслъымэныгъэр къимыщтэжмэ, цIыхубзыр зэрыпилъэнур. «Хьэуэ» щыжиIэм, сэлэт гуп игъэкIуащ, яригъэубыдыну. КIэзехьэхэм ар Исфахан и ермылы хьэблэм щагъэпщкIуат, ауэ къагъуэтри, и судыр ящIащ. Ефэндыр хэтащ Терезэ къигъэдэIуэну, муслъымэныгъэр къригъэщтэжыну. «Минрэ зэкIэлъхьэпыту сылIэмэ нэхъыфIщ, Хьисэ си щIыб хуэзгъазэ нэхъ! Нэхъ лъагэIуэу зыщIыпIэ сыкъевдзых, нэхъ псынщIэу си псэр хьэршым ихьэжын хуэдэу». – къыжриIащ.
Аращ хеящIэм хэтхэр къызэрыдихьэхари цIыхубзым – фIэщхъуныгъэ быдэрэ пэжыгъэкIэ. я Iэ хуэкIуакъым яукIыну, ауэ къэралыр имыбгынэу хъунутэкъыми, щоджэнхэр лъэIуащ Терезэ хуит ящIу, бэIутIэIуншэу Къэжэрым ирагъэкIыну. 1629 гъэм хуитыныгъэ тхылъ къратри, Константинополь Iэпхъуащ ар, икIи илъэсищкIэ абы щыпсэуащ. Абы икIри, Италием кIуащ Папэ Урбан Еянэм IущIэну. Санта-Мария делла Скала къулъшырыфым яунэтIащ Терезэ, Папэм и унафэкIэ.
1658 гъэм и щхьэгъусэм и хьэдэ къупщхьэхэр Къэжэрым къришыжри, Рим щыщIилъхьэжащ Терезэ. Езыр 1668 гъэм илъэс 79-рэ хъууэ дунейм ехыжащ. ИщIа унафэм тету, цIыхубзым и кхъащхьэм трабзащ: «Нэрыбгей щIыналъэм щыщ, Адыгэ Хэкум и пщышхуэм ипхъу». Илъэс дапщэ дэмыкIыжами, дунейм и щIэлъэныкъуэр зэхикIухьами, адыгэпхъум зэи игу ихуакъым къызыхэкIа лъэпкъыр.
Дуней псом текъухьам елъытауэ, хэкум адыгэу исыр Iэгубжьэ хуэдиз хъууэ аращ. Дэнэ къыщымыхутами, сыт хуэдэ IэнатIэ Iумыувами, адыгэр адыгэу сытым дежи щытыжащ, щIэблэм зэращымыгъупщэн IуэхуфIхэри ялэжьу псэуащ. Апхуэдэщ Европэм и тхыдэм къыхэнэжа адыгэ уэркъ пщащэр. Зэгуэр муслъымэныгъэр IэщIыб ищIу, чыристан диныр къэзыщтауэ жыхуаIар, ягъэсыну тезыр зытралъхьэу, жэуапым IэщIэкIа бзылъхугъэр.
17-нэ лIэщIыгъуэм псэуа леди Ширли Терезэ (Сампсоние) тхыдэм хыхьащ инджылыз дипломат Ширли Роберт и щхьэгъусэу. Ар щхьэгъусэ къудейтэкъым, и щхьэгъусэ къулыкъущIэм и чэнджэщэгъут, ар къэрал IуэхукIэ дэнэ ямыгъэкIуами Терезэ щIыгъут, и ныбжьэгъу пэжт.
Ираным сефивидхэм я хьэмтетыгъуэм шахыу щыта Аббас Езанэм и благъэт Терезэ, абы щыпсэу адыгэ унагъуэм щалъхуат, Исмэхьил-хъан ипхъут. Исмэхьил и шыпхъур шах Аббас и щхьэгъусэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытам тепщIыхьмэ, унагъуэр цIэрыIуэт, хуэщIат, къэралым и унафэщIым щыкъу щIалэ хуэхъун хуэдэуи лъэпкъ лъэрызехьэт къызыхэкIар. ЗэратхыжымкIэ, Терезэ и сабиигъу