Найти в Дзене

ЗэIущIэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

Дыгъэгъазэм и 10-м Налшык къалэм щекIуэкIащ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и президиумым и зэIущIэ. Абы щыхэплъэжащ 2025 гъэм яхузэфIэкIам, етIэнэгъэ зэлэжьыну яубзыхуар утыку кърахьащ, мыгувэу зэхашэну зэIущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырри къапщытащ.
ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и щIэныгъэлI секретарь нэхъыщхьэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий. Абы хэтащ ЩIДАА-м и президентым и къуэдзэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Гъут Iэдэм, лъахэхутэ Котляров Виктор, академием и къудамэхэм я унафэщIхэр.
— ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием илъэс псом длэжьам дыщриплъэж зэIущIэшхуэр мы гъэм техуэну худогъэфащэ дыгъэгъазэм и 16-18-хэм. Академием и IуэхущIапIэм цIыху 50 нэхърэ мынэхъ мащIэ къекIуэлIэну, адрейхэр видео занщIэкIэ къытхыхьэну дубзыхуащ. НобэкIэ а зэIущIэм дыхуэхьэзыру жыпIэ хъунущ: къудамэу диIэм я унафэщIхэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм зэпкърыхауэ щытепсэлъыхь тхыгъэхэр къатащ, зы закъуэ

Дыгъэгъазэм и 10-м Налшык къалэм щекIуэкIащ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и президиумым и зэIущIэ. Абы щыхэплъэжащ 2025 гъэм яхузэфIэкIам, етIэнэгъэ зэлэжьыну яубзыхуар утыку кърахьащ, мыгувэу зэхашэну зэIущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырри къапщытащ.
ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и щIэныгъэлI секретарь нэхъыщхьэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий. Абы хэтащ ЩIДАА-м и президентым и къуэдзэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Гъут Iэдэм, лъахэхутэ Котляров Виктор, академием и къудамэхэм я унафэщIхэр.
— ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием илъэс псом длэжьам дыщриплъэж зэIущIэшхуэр мы гъэм техуэну худогъэфащэ дыгъэгъазэм и 16-18-хэм. Академием и IуэхущIапIэм цIыху 50 нэхърэ мынэхъ мащIэ къекIуэлIэну, адрейхэр видео занщIэкIэ къытхыхьэну дубзыхуащ. НобэкIэ а зэIущIэм дыхуэхьэзыру жыпIэ хъунущ: къудамэу диIэм я унафэщIхэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм зэпкърыхауэ щытепсэлъыхь тхыгъэхэр къатащ, зы закъуэм къищынэмыщIа. Ари мыгувэу къытIэрагъэхьэну дыпоплъэ. ЩIДАА-м Краснодар крайм, Адыгэ Республикэм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Абхъазым щиIэ къудамэхэм зэфIаха Iуэхухэр къыщапщытэжа тхыгъэ къытIэрыхьащ. Академием и унафэщI Къанокъуэ Арсен мы къулыкъум тету дызэрылажьэрэ илъэсиплIым къриубыдэу длэжьар мащIэкъым. Гу лъыстэну сыхуейт а псори республикэм щыIэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я фIыгъэкIэ цIыхубэм зэралъэIэсыжыр. Псом хуэмыдэу «Адыгэ псалъэ» газетыр къыдолIалIэ, абы тхыгъэ 20-м щIигъу къытехуащ. Абы папщIэ фIыщIэ хуэсщIынут газетым и редактор нэхъыщхьэ Жыласэ Заурбэчрэ зэпымычу къыддэлажьэ корреспондент Фырэ Анфисэрэ, — жиIащ Щхьэгъэпсом.
Секретарь нэхъыщхьэм зэрыгъэбелджыламкIэ, академием хэт щIэныгъэлIхэр зэлэжьыр къызытрагъадзэ, ахэм я къэхутэныгъэхэр япэ дыдэу утыку къызэрырахьэ журналу ЩIДАА-м къыдигъэкIырщ зэгухьэныгъэм лэжьыгъэу зэфIихыр къэзыгъэлъагъуэр. А журналым и зи чэзу къыдэкIыгъуэри хьэзырщ, мыгувэуи дунейм къытехьэнущ.
2025 гъэм академием зэфIихамрэ тхылъу къыдигъэкIамрэ кIэщIу тепсэлъыхьа нэужь, Щхьэгъэпсор къытеувыIащ дызытехьэ 2026 гъэм ялэжьыну яубзыхуахэм:
— Егъэлеиныгъэ хэмылъу жыпIэмэ, мы гъэм длэжьа псом къыхэлыдыкIыр «Адыгэ эпос» тхылъиплIыр дунейм къызэрытехьарщ. Лъэпкъыр дызыхуэныкъуа, щIэныгъэлI гуп илъэс бжыгъэкIэ зэлэжьа, адыгэ тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэ я дыщэ пхъуантэм хуэчэму куэд дыдэрэ дызыпэплъа тхылъщ ар. Псоми къыдбгъэдэкIыу, къытезгъэзэжурэ, Къанокъуэ Арсен фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейт. Абы и фIыгъэщ лъэпкъым мы тхылъыр иIэ зэрыхъуар, — жиIащ щIэныгъэлIым.
2026 гъэм зэрытехьэу, академием и лэжьыгъэм жыджэру пищэнущ, къапсэлъам тепщIыхьмэ. ЩIышылэ мазэм зэхэтынущ академиер зэлэжьыпхъэу яубзыхуам убгъуауэ щытепсэлъыхьыну зэIущIэр. А мазэм елэжьын щIадзэнущ «Доклады АМАН» журналым и 1-нэ къыдэкIыгъуэм. Анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ и 8-нэ дунейпсо щIэныгъэ-методологие зэIущIэр мазаем зэхашэну я гугъэщ. «Лъэпкъ медицинэмрэ нобэрей махуэмрэ» зыфIаща зэIущIэр гъатхэпэм екIуэкIыну хуагъэфащэ. «Абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ: зы тхыдэ, зы щэнхабзэ» дунейпсо конференцэр мэлыжьыхьым, «Адыгэшым и тхыдэмрэ нобэрэ» «Iэнэ хъурейр» – бадзэуэгъуэм, къинэмыщI зэIущIэ щхьэпэхэм елэжьыну и мурадщ академием. КъищынэмыщIауэ, Адыгэ Республикэм щызэхашэ «Адыгэ хабзэ» щIалэгъуалэ лагерым и зи чэзу лэжьэгъуэми ЩIДАА-м и щIэныгъэлIхэр хэтыну яубзыхуащ.
Академием и мылъкукIэ къыдагъэкI тхылъхэм щытепсэлъыхьым, Щхьэгъэпсом жиIащ 2026 гъэм тхылъ II дунейм къызэрытехьэнур. Ахэр теухуауэ щытынущ этноботаникэм, щIыуэпсым, щэнхабзэм, гъуазджэм, тхыдэм.
КъыдэкIыгъуэхэм ятеухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ ЩIДАА-м хэт, тхакIуэ, публицист Котляров Виктор:
— ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм хиубыдэу къысщохъу адыгэ щIалэгъуалэм я анэдэлъхубзэр зэраIэщIэхур къызэтегъэувыIэныр. АбыкIэ сэбэп хъунущ тхылъ гъэщIэгъуэнхэр, щхъуэкIэплъыкIэхэр. Псалъэм папщIэ, адыгэбзэкIэ тха псысэхэр. ЖыдоIэ бзэр мыкIуэдыжын папщIэ абы унагъуэм ущрипсэлъэн, сабийхэр цIыкIу щIыкIэ яIурылъхьэн хуейуэ. Ауэ девгъэгупсысыт: дапщэщ иужь дыдэу апхуэдэ тхылъ къыщыдэкIар? ЩыIэ псысэ тхылъ зи унагъуэ илъхэр? ЩыIэщ тхылъ, академием Iэмал имыIэу къыдигъэкIын хуейуэ. Абыхэм ящыщщ зи гугъу сщIы лIэужьыгъуэхэри. Щхьэ къыдэдгъэкIыж мыхъурэ адыгэ IуэрыIуатэри?! – жиIащ абы.
Гъут Iэдэм тепсэлъыхьащ «Нартхэр. Адыгэ эпос» тхылъиплIым лэжьыгъэу ирахьэлIам.
— 2007 гъэм къетхьэжьауэ щытащ мы тхылъым и Iуэхур. Езанэ Iыхьэр 2011 гъэм къыдэдгъэкIащ, ауэ етIуанэмрэ ещанэмрэ папщIэ мылъку дымыгъуэту, и электрон теплъэр институтым и сайтым къитлъхьэри, абыкIэ зэфIэдгъэкIат. Ауэрэ еплIанэри хьэзыр хъуащ, ауэ 50 фIэкI къытхудэмыгъэкIыу дыкъыщынэм, аргуэрыххэти, и электрон теплъэр хэIущIыIу тщIащ. Нало Заур деж къыщегъэжьауэ, щIэныгъэлI зыбжанэ зэдатха тхылъщ мыр. Ар зэрыгугъуехьышхуэм къищынэмыщIауэ, нэщхъеигъуэшхуэщ апхуэдэ щIэиныр къызэрыдэдгъэкIын мылъку дымыгъуэту дыкъызэрызэхэнар. Къанокъуэ Арсен и фIыгъэкIэ нэхуапIэ хъуащ ди хъуэпсапIэхэр. Лъэпкъым ди дыщэ тажу адыгэ эпосыр зэрытхылъиплIу зэщIыгъуу ди Iэм IэщIэлъщ. Лъэпкъыр лъэпкъ дызыщIыж щэнхабзэр, бзэр, тхыдэр тхуэмыхъумэжмэ, тхуэмыгъэкIуатэмэ — дэри дыщыIэжынукъым. Дэтхэнэми IэщIагъэ зырыз диIэщи, абы нэхърэ нэхъапэ щымыIэу къытщыхъуу допсэу цIыху цIыкIур. Сэ си IэщIагъэм теухуауэ япэ изгъэщри сызыхуэлажьэри лъэпкъыр аращи, нарт эпосыр, уэрэдыжьхэр, псысэхэр, хъыбарыжьхэр, хабзэр, дауэдапщэхэр тхауэ димыIэмэ, дызэрыщыIам и зы щыхьэти къытхуэмынам хуэдэщ. ФIыгъуэр къыхуищIэ академием и президентым, адыгэ лъэпкъым и бын пажэу ди цIэр фIыкIэ зыгъэIум! – жиIащ абы.
Президиумыр зытепсэлъыхьа Iуэхугъуэхэм теухуауэ унафэ пыухыкIахэр къащтащ. ЗэIущIэм кърихьэлIахэм тыгъэ хуащIащ «Нартхэр. Адыгэ эпос» тхылъ гъэщIэрэщIар.