Найти в Дзене

Налшык быдапIэм и япэ сурэт

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыи и ЩIэныгъэ библиотекэм тхылъ гъуэтыгъуейхэмкIэ и къудамэм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ магистр Къармэ Руслан Москва къыщигъуэтащ Налшык быдапIэр щаухуам, 1848 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м тращIыкIа сурэтыр.
Илъэс 20-кIэ зылъыхъуа а тхылъымпIэ кIапэр утыку къыщрихьа зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Архитекторхэм я зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэр, республикэм и архитектор нэхъыщхьэ Быдэ Аслъэн, КъБКъУ-м и егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр.
— Урысейр Кавказым къыщыкIуам, быдапIэ зыбжанэ щиухуащ дызэрыщыгъуазэщи. Ауэ, адрей быдапIэхэм я сурэтыр дэфтэрхъумапIэхэм къыхэнамэ, Налшык быдапIэм и картэр щIамыгъуэтым и щхьэусыгъуэр ямыщIэу къэгъуэгурыкIуащ. Си щхьэкIэ, илъэс 20-м нэблагъэкIэ сылъыхъуащ абы. ЩIэныгъэлIхэм жаIэрт ар щыIэн зэрыхуейр, ауэ зэи зыми и нэкIэ илъэгъуатэкъым, ягъэхъыбар мыхъумэ. Абы сыщылъыхъуащ ди гъунэгъу щIыналъэхэм я дэфтэрхъумапIэхэми, Куржыми, Москваи. Пэжщ, картэжь гуэрхэр щыIэщ, ауэ ахэм Налшык быдапIэр плIимэ цIыкIуу тедза мыхъумэ, езы быдапIэм и

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыи и ЩIэныгъэ библиотекэм тхылъ гъуэтыгъуейхэмкIэ и къудамэм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ магистр Къармэ Руслан Москва къыщигъуэтащ Налшык быдапIэр щаухуам, 1848 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м тращIыкIа сурэтыр.
Илъэс 20-кIэ зылъыхъуа а тхылъымпIэ кIапэр утыку къыщрихьа зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Архитекторхэм я зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэр, республикэм и архитектор нэхъыщхьэ Быдэ Аслъэн, КъБКъУ-м и егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр.
— Урысейр Кавказым къыщыкIуам, быдапIэ зыбжанэ щиухуащ дызэрыщыгъуазэщи. Ауэ, адрей быдапIэхэм я сурэтыр дэфтэрхъумапIэхэм къыхэнамэ, Налшык быдапIэм и картэр щIамыгъуэтым и щхьэусыгъуэр ямыщIэу къэгъуэгурыкIуащ. Си щхьэкIэ, илъэс 20-м нэблагъэкIэ сылъыхъуащ абы. ЩIэныгъэлIхэм жаIэрт ар щыIэн зэрыхуейр, ауэ зэи зыми и нэкIэ илъэгъуатэкъым, ягъэхъыбар мыхъумэ. Абы сыщылъыхъуащ ди гъунэгъу щIыналъэхэм я дэфтэрхъумапIэхэми, Куржыми, Москваи. Пэжщ, картэжь гуэрхэр щыIэщ, ауэ ахэм Налшык быдапIэр плIимэ цIыкIуу тедза мыхъумэ, езы быдапIэм и ухуэкIэр къызэрытщIэн зыри дгъуэтыртэкъым. Иджыблагъэ Москва зэрымыщIэкIэ сыщрихьэлIащ абы. Пэжыр жысIэнщи, зэуэ си фIэщ хъуакъым, ауэ абы къыщыгъэлъэгъуа быдапIэм и ухуэкIэкIэ зи гугъу сщIа картэжьхэм къыщыгъэлъэгъуа плIимэр къэбгъэблагъэрэ ебгъапщэмэ, процент 90-кIэ зэтехуэрт. Къэзгъуэта картэм къыщыгъэлъэгъуа быдапIэм дэтт унафэщIым и унэр, IуэхущIапIэ нэхъыщхьэр, канцеляриер, гын хъумапIэр, сэлэт 200 зыщIэхуэ казармэр, къэрэгъул-дзэ чэщанэр, бгырыс сабийхэм я еджапIэр, члисэр. Сурэтым тедзэжат ар щатха махуэмрэ илъэсымрэ, — жиIащ Къармэм.
Дэфтэрлъыхъум къихута картэм тепщIыхьмэ, ар хуэзэу щытащ нобэ медицинэмкIэ КъБКъУ-м и къудамэр здэщыт щIыпIэм къыщыщIэдзауэ Пятигорск уэрамымкIэ зыкъиукъуэдийрэ, Суворовым и уэрамымкIэ хыхьэжу. Тхыдэм къызэриIуатэмкIэ, Налшык быдапIэр 1818-1822 гъэхэм яухуауэ щытащ, генерал Ермоловым и унафэкIэ. Налшыкыпс Iуфэм щаухуа быдапIэр илъэс 15-м къриубыдэу жылэшхуэ хъуат икIи 1860 гъэм ирихьэлIэу абы уэрам зыбжанэ иIэт.
Дауи, зэманым къыздихь зэхъуэкIыныгъэхэм дэкIуэдыжащ а быдапIэм и мывэ блынхэр. Ауэ нобэр къыздэсым, лъэхъэнэ жыжьэм и фэеплъу щытщ Налшык быдапIэм и зы блын Iыхьэ. Ар къалъащхьэм и Къэбэрдей-Пятигорск уэрамхэм я зэпылъыпIэм тетщ, метр 1,5-рэ и бгъуагъыу.

БыдапIэр 19-нэ лIэщIыгъуэм ипэхэм яухуами, абы къикIыркъым нэхъапэIуэкIэ мыбдеж цIыху имысауэ. Тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, 1724 гъэм нобэ Налшык здэщыт щIыпIэм и Iэхэлъахэм япэ дыдэу къитIысхьауэ щытащ пщышхуэхэу Къетыкъуэ Аслъэнбэч, Жанхъуэт Кушыку, Тэтэрхъан Жамбот сымэ я жылэхэр. ИужьыIуэкIэщ ар урысей пащтыхьым и унафэкIэ яухуа Кавказ линием и быдапIэ бжыгъэншэхэм ящыщ зы щыхъуар.
Езы Налшык фIэщыгъэцIэм утепсэлъыхьмэ, ар къызытехъукIам теухуауэ еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. Хуагъэфащэ ар мы щIыпIэм щежэх Налшыкыпсым къытекIыжауэ. Арами, «налшыкым» зыгуэр кърагъэкIыу а псым фIащын хуеякъэ?! Языныкъуэхэм жаIэ жылэр щетIысэха бгы жьэгъур налым хуэдэу къэгъэшати, абы къытекIауэ. Нэхъ фIэщ щIыгъуафIэщ ещанэ еплъыкIэр: мыбдеж ятIагъуэр щыкуэдти, шыхэм я налыр щIичырт. Абы къыхэкIыу, щIыпIэми «налщыч» фIащащ.
Дауэ мыхъуами, бзэмкIэ щIэныгъэлIхэр нобэр къыздэсым арэзы зэдытехъуакъым а фIэщыгъэцIэм и къежьапIэм. Адыгэбзэми, тыркубзэми, къэжэрыбзэми хэтщ «нал» псалъэр, къикIри зыщ. Къалэм и цIэр урысыбзэкIэ къыщупсэлъкIэ «чик» Iыхьэм къыпхуихынущ «щыч»-ри, «шык»-ри, «чик» (цIыкIу) дыдэри. Мыбдеж гу лъытапхъэщ литературэмрэ бзэмрэ Налшык фIэщыгъэцIэр зэдэарэзыуэ къызэдащтами, Налщычым и телъхьэхэри зэрымымащIэр.
1871 гъэм, Налшык быдапIэр слобода щащIыжам ирихьэлIэу, мыбы щыпсэуащ цIыху мини 3,5-рэ. 1871-1901 гъэхэм налшыкдэсхэм я бжыгъэр хэхъуащ цIыху мини 5-м щIигъуу.
Тхыдэджхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, Налшык быдапIэм и кур Хуитыныгъэм и скверым хуэзэу щытащ (Кавказ зауэжьым хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъыр здэщытым деж). Къэбэрдей-Балъкъэр Лъэпкъ музейм и лэжьакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, илъэс зыбжанэ ипэкIэ абдеж щыплъагъурт пасэрей быдапIэм къыхэнэжа блын къутахуэхэр. Ауэ абыхэм бетон трагъэжыхащ, ухуэныгъэхэр щрагъэкIуэкIым.
— Картэм Нылшыкыпсыр къызэрыщыгъэлъэгъуамрэ нобэ и щытыкIэмрэ зэхуэдэкъым. 1850-1860-хэм псым и кIуэкIэм езыр-езыру зихъуэжауэ жаIэ, 1960-хэм псыIущIэ (дамбэ) ящIыу псыр лъэныкъуэкIэ ирагъэкIуэкIауэ хуэзыгъэфащи щыIэщ. Дауэ мыхъуами, а лIэщIыгъуэм къриубыдэу псым зидзу-къикIуэтыжу щытагъэнущ. Гу лъытапхъэщ быдапIэм укъыдэкIыу псыхъуэм узэрыдыхьэ лъагъуэ зэриIам. КъищынэмыщIауэ, Хьэтокъущокъуэ жыг-хадэм и зы кIапи къощ картэм. КъызэрызгурыIуамкIэ, езы быдапIэм къепхауэ, абы хухасауэ жыг-хадэ щхьэхуэ иIащ, блыным мыдэкIэ нобэ тцIыху жыг-хадэшхуэр щIылъагъэххэщ, — къыхигъэщащ Къармэм.
ЗэIущIэм кърихьэлIа архитектор Быдэ Аслэн жиIащ, къызэрыщIэкIымкIэ, Налшык быдапIэр илъэси 177-рэ зэрырикъур, икIи Къармэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм, къихута дэфтэрым теухуауэ тхылъ къыдэгъэкIынымкIэ щIэгъэкъуэн хъуну зэрыхьэзырыр.