Найти в Дзене

Адыгэ хабзэм и къежьапIэр

Хы ФIыцIэ Iуфэм къыщыщIэдзауэ Шэшэн мэзхэм нэс къызэщIиубыдэу, ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэр Кавказым щыпсэуащ. Адыгэ лъэпкъым и дуней тетыкIэр къэпIуэтэнумэ, «хъугъуэ-фIыгъуэр къызыпыщэщ щэнхабзэ» жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Ар дуней телъыджэт, хамэ къэрал къикIа зыплъыхьакIуэхэм я псэр зыхьэхут. Аращ европей дэфтэрхъумапIэхэм адыгэм теухуауэ тхыгъэ куэд къыщIыщIэнари.
Псэхугъуэ ямыгъуэту, сытым дежи нэхъ Iейм хуэхьэзыру, нобэ хаса жылэр пщэдей гъавэу кърахьэлIэжынуми ямыщIэу адыгэ лъэпкъыр лIыгъэ мыужьыхыжыным къыщIэтэджыкIырт. Адыгэхэм я псэупIэхэм мафIэ лыгъейуэ пхырыкIащ киммерийхэр, скифхэр, сарматхэр, аланхэр, гуннхэр, авархэр, хазархэр, иужькIи лъэпкъ куэдыр бэлыхьышхуэ хэзыдза тэтэрхэмрэ монголхэмрэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абыхэм я удыныр хьэлъэт адыгэхэм дежкIэ.
Арауэ къыщIэкIынщ адыгэр Iэщэм хуэIэижьу, лIыгъэкIэ зыри къылъэщIэмыхьэу щIыщытар. Адыгэхэр лIыхъужьу къалъхурт, арат къызыхуигъэщIар. Хамэ къэрал къикIа зыплъыхьакIуэхэм абы гу лъамытэу, ямыгъэщIагъуэу къэнэнт?!
Дуней псом хъыба

Хы ФIыцIэ Iуфэм къыщыщIэдзауэ Шэшэн мэзхэм нэс къызэщIиубыдэу, ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэр Кавказым щыпсэуащ. Адыгэ лъэпкъым и дуней тетыкIэр къэпIуэтэнумэ, «хъугъуэ-фIыгъуэр къызыпыщэщ щэнхабзэ» жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Ар дуней телъыджэт, хамэ къэрал къикIа зыплъыхьакIуэхэм я псэр зыхьэхут. Аращ европей дэфтэрхъумапIэхэм адыгэм теухуауэ тхыгъэ куэд къыщIыщIэнари.
Псэхугъуэ ямыгъуэту, сытым дежи нэхъ Iейм хуэхьэзыру, нобэ хаса жылэр пщэдей гъавэу кърахьэлIэжынуми ямыщIэу адыгэ лъэпкъыр лIыгъэ мыужьыхыжыным къыщIэтэджыкIырт. Адыгэхэм я псэупIэхэм мафIэ лыгъейуэ пхырыкIащ киммерийхэр, скифхэр, сарматхэр, аланхэр, гуннхэр, авархэр, хазархэр, иужькIи лъэпкъ куэдыр бэлыхьышхуэ хэзыдза тэтэрхэмрэ монголхэмрэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абыхэм я удыныр хьэлъэт адыгэхэм дежкIэ.
Арауэ къыщIэкIынщ адыгэр Iэщэм хуэIэижьу, лIыгъэкIэ зыри къылъэщIэмыхьэу щIыщытар. Адыгэхэр лIыхъужьу къалъхурт, арат къызыхуигъэщIар. Хамэ къэрал къикIа зыплъыхьакIуэхэм абы гу лъамытэу, ямыгъэщIагъуэу къэнэнт?!
Дуней псом хъыбарышхуэу щызэрахьэрэ, европейхэм я акъылыр къызыщIэзыгъэушэ адыгэ Iэщэм къефIэкIын, къыпэщIэувэфын щыIэтэкъым. Дауи, гурыIуэгъуэщ урысей генерал Ермоловым и дзэр зэрызэщIэузэда джатэхэр, адыгэ сэшхуэкIэ щIызэрихъуэкIауэ щытар. Адыгэ сэшхуэр апхуэдизкIэ жант, лъэщти, фочыкур, афэ джанэр зыпиупщIырт.
Апхуэдэу, дыщэм, дыжьыным ирилажьэхэм я Iэзагъэр, гъущIхэкIыр быдэу, къабзэу зэрагъэхьэзырыр хамэхэм яфIэтелъыджэ гуэру къекIуэкIащ.
Ижь-ижьыж лъандэрэ мы щIыпIэхэм щетIысэхауэ псэу адыгэхэм шы лъэпкъ гъуэзэджэ къагъэщIат. Шагъдий!… Мы шы лъэпкъыр зауэлIым щхьэкIэ дунейм къытехьам хуэдэт, апхуэдизкIэ лъэрызехьэти. Адыгэ зауэлIыр зыхуэныкъуэр яджарэ, мэскъал зырызу зэхалъхьам хуэдэт а шы лъэпкъыр, къылъэщIыхьэн щымыIэу, лъэщт. Адыгэшыр махуипщIым щIигъукIэ тэмэму мышхэми, зыкIи и къарур кIуэщIыртэкъым, уеблэмэ нэхъ жэр, нэхъ лъэщ, нэхъ шыщхьэмыгъазэ хъурт.
Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм ящыщу адыгэхэрат шууей нэхъыбэ дыдэ зиIэр, зауэлI мин бжыгъэхэр хъэзыру напIэзыпIэм къэзыгъэувыфынур.
ЗэуэнкIэ, щIым елэжьынкIэ, Iэщ зехуэнкIэ къалъэщIыхьэн зэрыщымыIэм пэкIуэжу, адыгэхэр теплъафIэт, Iэщэ-фащэкIэ щапхъэгъэлъагъуэт. Адыгэ фащэр зэрыдахэм хуэдэуи тыншт, мы лъэпкъыр къэзыхъуреихь щIыуэпсым екIужт, и хьэл-щэныр къиIуатэрт. Арауэ къыщIэкIынт урысей Пащтыхьхэм я псэр ихьэхуу, абыхэм махуэшхуэ фащэ щIахуэхъуар — ХIХ лIэщIыгъуэм и пэм къыщыщIэдзауэ, адыгэ цейр пащтыхь щыгъыну къащтащ.
1829 гъэм Кавказ Ищхъэрэм щыIа венгр щIэныгъэлI Де Бес Жан-Шарль «Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ псоми къащта адыгэ фащэр дахэщ, зепхьэну, шым уритесыну, уризэуэну, зекIуэ урежьэну тыншщ. А псоми егупсысауэ яда къыщIэкIынущ», жиIат.
Адыгэхэм я щыIэкIэ-псэукIэр зыджыну къэкIуа инджылыз корреспондент Лонгворт къызэрилъытэмкIэ, «адыгэхэм я фащэм тепщIыхьмэ, псори зы унагъуэ къикIауэ къыпщохъу икIи я гурыгъу-гурыщIэхэмрэ хабзэхэмрэ къеIуатэ».
Урыс-Кавказ зауэжьым и Iэужьу адыгэхэр хэкум ираша нэужь, Шэрджэс къэралыгъуэу щытам зеиншафэ къытеуат икIи щIэх дыдэ хамэхэм псэупIэ яхуэхъуат. Илъэс минищым щIигъукIэ мы щIыпIэхэм щыпсэуа бгырысхэм ядэкIуэдат алъандэрэ зэхуахьэса щIэныгъэри.
Адыгэхэм яIа цивилизацэ щхьэхуэм къыщIэнар адыгэ жыг-хадэ щымхэращ. ГурыфIыгъуэу, блэкIам и фэеплъу къэнэжар абыхэм къапыкIэ пхъэщхьэмыщхьэхэращ.
Пасэрей адыгэхэм, адрей лъэпкъхэм къахигъэщхьэхукIыу, я псэ хуитым, дуней тетыкIэ гъуэзэджэм и нэщэнэу, сыт хуэдэ лъэныкъуэкIэ укъемыплъами, умыгъэщIэгъуэну плъэмыкIыу къащIэнар Адыгэ Хабзэращ. Аращ адыгэ лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыжыр, лъэпкъ псоми дыщэпсу къахэзыгъэлындыкIыр.
Адыгэ лIакъуэлъэшхэм деж къыщожьэ уэркъ хабзэр — Хабзэм дахагъэрэ гупсысэ нэхъыщхьэу иIэр щызэхуэхьэса дуней тетыкIэр. Уэркъыгъэм цIыхур къызыхэкIа лIакъуэр, лъэпкъыр къигъэлъагъуэу аратэкъым, атIэ, цIыхум и дуней тетыкIэ дахэр, зэрихьэ хабзэр, хьэл хэлъыр къиIуатэрт. Уэркъыр адыгэлI нэст, щапхъэгъэлъагъуэт. Псори уэркъым дэплъейрэ, абы и щыIэкIэ-псэукIэм ехъуапсэу, апхуэдэ гъэсэныгъэм зэрытетыным елIалIэу апхуэдэт. Адыгэ щэнхабзэм къыхэщыж уэркъыгъэм хуэдэ япон самурайхэми яIащ. Абы зэреджэр «бусидо»-щ, «зауэлIым и гъуэгуанэ» къикIыу аращ. Адыгэ щIэныгъэлI Бгъэжьнокъуэ Барэсбий къызэрилъытэмкIэ, уэркъыгъэмрэ бусидомрэ зэфэгъущ, я мыхьэнэкIи зыщ.
Псалъэм папщIэ, уэркъ хабзэм къызэригъэувым хуэдэу, бусидом и гупсысэ нэхъыщхьэмрэ узыхущIигъэджыкIымрэ – цIыхухъум лIыгъэ, пэжыгъэ хэлъу, гу къабзэ, псэ къабзэу, и щхьэм пщIэ хуищIыжрэ, и щIыхьыр иIыгъыжыфу, езыр цIыху Iущу дунейм тетынырщ. Уэркъ лIакъуэм къыхэкIа щIалэ цIыкIур дунейм къыщытехьам щыщIэдзауэ и псэр хьэршым ихьэжыху уэркъ хабзэм тету псэурт.
Уэркъ хабзэм къигъэув щытыкIэхэм я щхьэхэм ящыщт цIыхубзым пщIэ хуэщIыныр. ЦIыхубзыр уэркъым зыгуэркIэ елъэIуамэ, псалъэ лей къыхэмыкIыу игъэзэщIапхъэт. Бзылъхугъэ щыту псалъэ мыхъумыщIэ къыбжьэдэкIынрэ Iэщэ епхъуэнрэ нэхъ напэтех ищIэнтэкъым уэркъым.
Уэркъ хабзэ тету псэун папщIэ, цIыхухъум и хьэл, гурыгъу-гурыщIэ куэд щIиуфэрэ, шынагъэ гуэр хэлъмэ, псэ махэмэ, абы ебэну и гъащIэр ихьырт.
Арауэ къыщIэкIынщ пасэрей адыгэм «Уэркъыгъэр дэгъэзеигъуэ задэщ» щIыжиIар.
«Адыгэхэм цIыхум ирах хьэщIагъэм а лъэпкъыр нэхъри еIэт! Хэгъэрейм хьэщIэ къыхуеблэгъамэ, ар абы дежкIэ гуфIэгъуэшхуэщ. И унагъуэ къихьар зыхуей псори хуигъэзащIэу, лей къытримыгъыхьэу, и хьэщIэм папщIэ и псэр итыну хьэзырщ…», — итхыжащ дзэ тхыдэтх Дубровиным. Пэжу, адыгэ щэнхабзэм и налкъутналмэсу къалъытэр хьэщIагъэрщ. Сыт хуэдэ лъэпкъ къыхэмыкIами, сыт хуэдэ лIакъуэм щымыщами, адыгэм къыхуеблагъэ дэтхэнэми зэхуэдэу хуэгуапэу и унэ иригъэсын хуейт.
«Къеблагъэ» псалъэр адыгэхэм я гъуазэт сытым дежи.
Сыт хуэдэ унагъуэми унэ щхьэхуэ иухуэрт, хьэщIэ къеблагъэмэ, абы щIигъэсыну. ХьэщIэщыр унагъуэр зыщIэс унэм зыкIи епхатэкъым икIи зэжьэхэуэртэкъым.
Хэгъэрейм и Iэмэпсымэ, хьэпшып нэхъыфI дыдэхэмкIэ хьэщIэщыр игъэщIэращIэрт. ХьэщIэщым и бжэр жэщи махуи зэIухат, хуейр еблагъэрэ, абы зыщигъэпсэхуну хуиту.
Уи унэ ихьа хьэщIэр иумыгъэблэгъэныр, абы хьэщIагъэ иумыхыныр, щхьэегъэзыпIэ лъыхъуэм зыщIумыгъэкъуэныр – зэи пкIэрымыкIыжын напэтехт.
«ХьэщIэм насып къыдокIуэ», жаIэрт пасэрей адыгэхэм.
Адыгэм и пщIантIэм хьэщIэ къыдыхьэу илъэгъуамэ, хуэпIащIэу пежьэрт, дэIэпыкъуурэ шым къригъэпсыхырти, хьэщIэщымкIэ иригъэблагъэрт.
Унагъуэм цIыхухъу имысу хьэщIэ къихьамэ, унэгуащэр гъунэгъу лIым елъэIурт, хэгъэрейм я цIыхухъур къэкIуэжыху я хьэщIэм бгъэдэсыну, иригъэблэгъэну.
ХьэщIэм и Iэщэр зыкIырихырти, хэгъэрейм иритырт. Иужьрейм ар блыным фIидзэрт. Телъыджэт адыгэхэр псалъэншэу зэрызэрыщIэр… Нобэр къыздэсым акъылым къимытIасэ губзыгъагъэрэ щэн дахэрэ зыхэлъ щытыкIэт ар. Псалъэм папщIэ, хьэщIэм и щIопщ кIапэр бжэмкIэ гъэзауэ фIидзэмэ, «жэщищ-махуищ нэхърэ нэхъыбэ зысIэжьэнущ», щIопщыпэр щIэкIыпIэмкIэ игъазэмэ – «куэдрэ сыхьэщIэнукъым» жиIэу арат.
А дакъикъэм къыщыщIэдзауэ, хэгъэрейм и хьэщIэм и гъащIэмкIэ жэуап итырт.
КъызэрыгуэкI хьэщIэхэм къыщинэмыщIа, насыпыншагъэ зылъысауэ дэIэпыкъуэгъу лъыхъуэхэми я щхьэ къуагъэзынкIэ хъунут. МылъкукIэ хуэмыщIами, езыхэр къулейсыз дыдэми, зы адыгэм апхуэдэ хьэщIэм «хьэуэ» жриIэртэкъым. Уеблэмэ апхуэдэ цIыху насыпыншэр уи унэ ибгъэсыныр, абы зыщIэбгъэкъуэныр, ар цIыхум къыбдэлъагъуныр – щIыхьт дэтхэнэ адыгэ унагъуэм дежкIи.
Адыгэ Хабзэм къызэригъэувымкIэ, хьэщIэм и цIэмкIэ, къыздикIамрэ, здиунэтIамрэ ущIэупщIэныр емыкIут. И узыншагъэм щIэупщIэ мыхъумэ, зы упщIэ леи иритынутэкъым.
Адыгэм и хьэщIэр зэи и закъуэу къигъанэртэкъым, гъунэгъухэмрэ благъэхэмрэ къеблагъэурэ, хьэщIэм бгъэдэст.
ХьэщIэщым пщыхьэщхьэкIэ цIыхухэр куэду щызэхуэсырти, хъыбарыжьхэр жаIэжу, уэрэдыжьхэр кърашу зэхэст. Апхуэдэ зэхущытыкIэм и фIыгъэкIэ адыгэм иджырт гъунэгъу лъэпкъхэм я щэнхабзэри, тхыдэри, щэнри.
Нобэр къыздэсым адыгэлI хахуэхэм я щIэблэу адыгэ лъэпкъым къахуэнэжащ а хабзэ дахэр – цIыхум хьэщIагъэ ехыныр. Езыхэм къащIэхъуэ щIэблэми ар Iэрагъэхьэрэ, тхыдэмрэ зэманымрэ зэрыхэмыкIуэдэжыным пылъу, мыухыжыным хуэзышэ лъагъуэр пхащ.