Мы хъыбарыр къэтIуэтэн ипэ къихуэу, дгъэзэжынщ 1850-1870 гъэхэм… Урысым Тэрч областыр иубзыхуу, къулыкъу хуэзыщIа адыгэхэм Дзэлыкъуэ къущхьэхъу щIыпIэхэр яхуигуэшын щыщIидза лъэхъэнэм. Абыхэм ящыщт корнет Къармэр, иужьыIуэкIэ Къармэхьэблэ къуажэр зытрагъэтIысхьа щIыналъэр зратар.
А лъэхъэнэ дыдэм, Нэгумэ Шорэ и къуэ Ерустэм, ЩIыр гуэшынымкIэ комиссэм и унафэщI Къуэдзым и нэфI къызэрыщыхуам ипкъ иткIэ, Дзэлыкъуэ къущхьэхъупIэм щыщу гектар 800-м щIигъу къыIэрыхьат. Ар езым и закъуэ мыхъуу, и къуэшитIми дэгуэшэн хуейт. Илъэси 6 нэхъ дэмыкIыу, Ерустэмым щIыр ирищащ абдеж цIыхубз монастырь щищIыну хъуапсэ Хомяковэ Екатеринэ.
Хомяковэм ищэхуа щIыналъэмрэ Къармэхьэблэрэ зэпылът. А зэпылъыпIэ дыдэм деж Екатеринэ къуажэ цIыкIу игъэтIысри, Къармэхьэблэ щыщ Шэру Астемыр унафэщIу тригъэувэжащ. Ар иджы Совхозное жыхуэтIэ къуажэрщ.
А лъэхъэнэм урыс къулыкъущIэхэр Кисловодск щызэхыхьэрейт, псы хущхъуэхэм зыщагъэпсэхуну. Аращ Шэрумрэ Хомяковэрэ щызэрыцIыхуауэ жыхуаIэри. Астемыр щIакIуэ ищэу сондэджэру