Черкасскэ Алексей 1680 гъэм фокIадэм и 28-м Москва къыщалъхуащ. Урысей тхыдэм лъагъуэшхуэ къыхинащ абы, ауэ езыр лъэужьыншэ хъуат. ЗэрыжаIэжымкIэ, канцлер ин Алексей Черкасскэм нэхъ къулей Урысейм исакъым, и пщIэр лъагэт, пащтыхьым дзыхь къыхуищIырт, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, Черкасскэ лIакъуэм и иужьрейт. А зэманым псэуа, Алексей къыдэлэжьа къулыкъущIэхэм къызэранэкIа гукъэкIыж-тхыгъэхэм къазэрыхэщыжымкIэ, канцлер Черкасскэр псалъэрейтэкъым, цIыху зытетт, щэхут, дэнэ щымыIами, сыт хуэдэ IэнатIэ зримыхьами сакъыу апхуэдэт.
Яков Черкасскэм къыщIэна мылъкур къызыхуэна Алексей илъэс 20 хъуху Москва щыпсэуащ. Ар, къапщIэу, нэхъ къулей хъуат Петр Алексеевич пащтыхьым и благъэ щхьэгъусэу къыщишам, ауэ илъэсищ зэдэпсэуауэ Черкасскэм и фызыр дунейм ехыжащ. Абы щыгъуэ Алексей илъэс 26-рэ хъууэ арат. 1702 гъэм Алексей ягъакIуэ и адэ, тобольск дзэпщ Михаил дэIэпыкъуну, икIи илъэси 10-кIэ къулыкъу зэрехьэщ. А зэманым къриубыдэу сыт хуэдэ IуэхугъуэкIэ Алексей зыкъигъэлъэгъуа жыпIэмэ, абы иухуащ Броннэ слободар. Алексей и адэр дунейм ехыжа нэужь, 1712 гъэм, ар пащтыхьым ириджэжри, абы и Iэпыдзлъэпыдзу щытащ.
1714 гъэм щегъэжьауэ Черкасскэр щылэжьащ къалэ канцелярием. Петербург щаухуэм щыгъуэ, Петр I-м абы унафэ къыхуищIат нэхъ Iэзэ дыдэу Москварэ къинэмыщI щIыпIэхэмрэ къыщигъуэту IэщIагъэлI 458-рэ къалащхьэм елэжьыну къришэлIэну. КъищынэмыщIауэ, илъэс 20 нэхърэ мынэхъыжьу щIалэщIэ 15 къигъуту, коммерцэ щIэныгъэхэр ирагъэджын папщIэ хамэ къэралыгъуэхэм ягъэкIуэну. Алексей къыхуащIа унафэхэр псынщIэу, нэсу зэригъэзащIэу щытам и щыхьэтщ къыкIэлъыкIуэ гъэм ар Петербург щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм кIэлъыплъыну обер-комиссар зэращIар. А къулыкъум тетащ Черкасскэр 1719 гъэ пщIондэ. А зэманым шэдылъэхэр ягъэгъущыным теухуауэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ Черкасскэм. Шэдылъэхэр иригъэгъущыкIри, Петропавловскэ быдапIэр тращIыхьащ, сымаджэщхэр, еджапIэхэр, Петергоф хуэдэ уардэ унэхэр щаухуэн щIадзащ Петербург.
Къыхэгъэщыпхъэщ къалащхьэм щекIуэкI лэжьыгъэм теухуа тхыгъэхэр кIэщI-кIэщIу игъэхьэзыррэ пащтыхьым и пащхьэ ирилъхьэу зэрыщытар. Петр Алексей и лэжьэкIэмкIэ хуабжьу арэзыт, игъэныбжьэгъут, уеблэмэ пащтыхьыр шэджэгъуашхэ ищIыну иблагъэрт абы и деж. Арами, Петр зэи хиIэтыкIакъым Черкасскэр – 1712-1719 гъэхэм къриубыдэу поручик нэхърэ нэхъыщхьэ цIэ иIакъым Алексей.
1719 гъэм Петр I-м и унафэкIэ Алексей Черкасскэр Сыбырым и губернатору ягъэуващ. Урысейр а зэманым губернэу 8-т зэрыхъур, икIи щIыпIэ нэхъ ин дыдэхэр къызэщIиубыдэрт. Сыбырым губернатору щыIа Гагариным мылъкур зэхидыгъуэжати арат Черкасскэр щIагъэкIуар. Пащтыхьым абы дзыхь къыхуищIырт, къызэрыхуэпэжыр, зэрымынэпсейр ищIэрт, къищынэмыщIауэ, Алексей Сыбырыр фIы дыдэу ицIыхурт.
ИлъэситхукIэ Сыбырым и тету зэрыщыIам къриубыдэу, Черкасскэм а щIыналъэр башкирхэмрэ монголхэмрэ щихъумащ. Зэ IуплъэгъуэкIэ Алексей и къалэным пэлъэщырт, ауэ ар «и пIэ имысу, нэгъуэщI зыгуэрым нэхъыфIыжу пэлъэщыну» къащыхъурт Черкасскэр фIыуэ зыцIыхухэм. Де Генин генерал-майорыр пащтыхьым щэхуу хуэтхэу щытащ, Черкасскэм теухуауэ. «Мы щIыпIэм узэрыщымыIэр, къыщекIуэкIыр уи нэкIэ зэрумылъагъум сегъэнэщхъей. Пэжщ, губернатор Черкасскэр цIыхуфIщ, ауэ хахуэкъым, ткIиягъ хэлъкъым. Губзыгъэщ, цIыху пэжщ, ауэ щэхуIуэщ. ДэIэпыкъуэгъу хуейуэ къысщохъури, зыгуэр къыхуэбгъэкIуэну е губернаторыр зэпхъуэкIыну утегушхуэмэ, Матюшкин е Ушаков хуэдэхэр нэхъ пэлъэщынут а IэнатIэм», — итщ апхуэдэ зы тхыгъэм.
1724 гъэм щIышылэм и 15-м Пащтыхьым унафэ къыдигъэкIащ «Долгорукий Михаил Черкасскэм и пIэкIэ Сыбырым губернатору зэригъакIуэмкIэ». Апхуэдиз илъэскIэ Сыбырым щигъэзэщIа лэжьыгъэм пэкIуэу, Алексей Черкасскэм чэнджэщэгъу къулыкъур къыхуигъэфэщащ пащтыхьым.
1724 гъэм Алексей Сыбырым къикIыжу гъуэгу тету сымаджэ хьэлъэ хъури, Москва зыщиIэжьэн хуей хъуат. Зыкъиужьыжу Петербург къыщысыжам, щIышылэм и 28-м Петр I-р дунейм зэрехыжар къищIащ. Абы ирихьэлIэуи иужьыIуэкIи пащтыхь унэм къыщыхъуащ зэхъуэкIыныгъэ куэд. Черкасскэр дэлэжьауэ щытащ Екатеринэ I-м, Петр 2-м, Аннэ Ивановнэ сымэ, абы щыгъуэми зэрышх-зэрылIым зыщидзейуэ, лей жимыIэу, зэныкъуэкъухэм япэIэщIэу. Абы щыгъуэщ Алексей Черкасскэм Андрей Первозваннэм, Невский Александр орденхэр къыщыхуагъэфэщар.
1727 гъэм гъатхэпэм и 8-м Екатеринэ I-м къызэригъэпэща, коммерцэмкIэ комиссэм хагъэхьащ Черкасскэр. КъызэрыщIэкIамкIэ, Алексей къызыхуигъэщIари, и акъылри, и зэфIэкIри къыщигъэсэбэпын къулыкъур арат – политикэ утыкур.
Петр 2-р дунейм ехыжу, Аннэ Ивановнэ пащтыхьыгъуэр къылъыса нэужь (1730 гъэ), Черкасскэр министр хъуащ, пащтыхь гуащэм и лъэныкъуэ зэриIыгъам, абы и жагъуэгъухэм зэрыпэщIэувэм, зэращихъумэм и хьэтыркIэ, чэнджэщэгъу ищIащ. Черкасскэм и пщIэр нэхъри лъагэ зэрыхъуар, пащтыхь гуащэм дзыхь къызэрыхуищIыр, политик лъэщу къызэрыщIэкIар зылъагъу хамэ къэрал лIыкIуэхэм Алексей саугъэт лъапIэхэмкIэ щIагъанэу щIадзащ. Псалъэм папщIэ, 1730 гъэм Австрием и лIыкIуэ граф Вратислав Черкасскэм къритауэ щытащ налкъут-налмэскIэ гъэщIэрэщIа, сом мин 20 и уасэ сурэт.
Черкасскэ Алексей къызыхэкIа лъэпкъ цIэрыIуэм, и къулеигъэм, иIыгъа къулыкъум и хьэтыркIэ иджыри зэман гуэркIэ пщIэ къыхуащIыу, зэIущIэхэм ирагъэблагъэу, зэхыхьэм жьантIэр къыщылъагъэсу, политикэ Iуэху зэрихуэу псэуащ.
Елизаветэ Петровнэ пащтыхьыгъуэр къызэрылъысам хуабжьу щыгуфIыкIат Черкасскэр. Петр I-м и пхъур фIыуэ къыхущытт абы, и адэм хуэпэжу зэрыщытар ищIэрти. Абы къыхэкIкIэ Черкасскэр канцлер къулыкъум къытранащ икIи Урысейм хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и унафэхэр IэщIэлъащ. Алексей а къулыкъум илъэс иримыкъукIэ тетыжауэ аращ, ауэ а зэман кIэщIым къриубыдэу, мыхьэнэшхуэ зиIэ политикэм Iуэху, зэгурыIуэныгъэ куэд зэфIигъэкIащ. «Черкасскэ Алексей щапхъэ зытрахым хуэдэ политикщ. Гурэ псэкIэ и лэжьыгъэм хуэпэжщ, Пащтыхь гуащэми пщIэшхуэ къыхуещI», — апхуэдэ псалъэхэр урыс тхыдэм къыхэнэжащ канцлерым теухуауэ.
1742 гъэм Черкасскэм къупщхьэ уз иIэ хъуауэ, и щхьэм лъы ещанэу дэуейри, къелакъым. Ар щыщIалъхьащ Новоспасскэ къулъшырым (монастырым) и кхъэм. А Iуэхум хэтат пащтыхь гуащэ Елизаветэ. Алексей и пхъу закъуэ Варварэ 1743 гъэм граф Шереметев Петр щхьэгъусэ хуэхъуащ.
Черкасскэ Алексей 1680 гъэм фокIадэм и 28-м Москва къыщалъхуащ. Урысей тхыдэм лъагъуэшхуэ къыхинащ абы, ауэ езыр лъэужьыншэ хъуат. ЗэрыжаIэжымкIэ, канцлер ин Алексей Черкасскэм нэхъ къулей Урысейм исакъым, и пщIэр лъагэт, пащтыхьым дзыхь къыхуищIырт, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, Черкасскэ лIакъуэм и иужьрейт. А зэманым псэуа, Алексей къыдэлэжьа къулыкъущIэхэм къызэранэкIа гукъэкIыж-тхыгъэхэм къазэрыхэщыжымкIэ, канцлер Черкасскэр псалъэрейтэкъым, цIыху зытетт, щэхут, дэнэ щымыIами, сыт хуэдэ IэнатIэ зримыхьами сакъыу апхуэдэт.
Яков Черкасскэм къыщIэна мылъкур къызыхуэна Алексей илъэс 20 хъуху Москва щыпсэуащ. Ар, къапщIэу, нэхъ къулей хъуат Петр Алексеевич пащтыхьым и благъэ щхьэгъусэу къыщишам, ауэ илъэсищ зэдэпсэуауэ Черкасскэм и фызыр дунейм ехыжащ. Абы щыгъуэ Алексей илъэс 26-рэ хъууэ арат. 1702 гъэм Алексей ягъакIуэ и адэ, тобольск дзэпщ Михаил дэIэпыкъуну, икIи илъэси 10-кIэ къулыкъу зэрехьэщ. А зэманым къриубыдэу сыт хуэдэ IуэхугъуэкIэ Алексей зыкъигъэлъэгъуа жыпIэмэ, абы иухуащ Б