Кавказ зауэжьым и гуауэр къызылъыса адыгэхэм нэпсу щIагъэкIар зэхэлъэдамэ, дунейр щIигъэнэнт. Иджыр къыздэсым «ИстамбылакIуэ» гъыбзэр хэт зэхихми, зигу къызэфIэмынэ бгъуэтынкъым. Гуауэ мыухыжыр къызыхэщ мы гъыбзэжьыр дунейм адыгэу тетым зэхахащ, гук1и ящ1э. Кавказ зауэжьым и гуауэдэх гъыбзэу нобэ ди1эри аращ. Мы тхыгъэмкIэ фыщызгъэгъуэзэну сыхуейщ а гъыбзэм и хъыбарым.
Ар Бабырэ ейщ, «Бабырэ и гъыбзэкIи» еджэу щытащ нэхъапэм.
Бабырэ си анэмкIэ си анэшхуэм и анэщ. Илъэс 16-м иту ар ишащ Беслъэней Къэрэхъу. Къэрэхъу япэ щхьэгъусэу иIам бынибл иIэу дунейм щехыжым, абы и анэ шыпхъум и пхъур щхьэгъусэу къратыжауэ арат.
Япэрей щхьэгъусэм Къэрэхъу хуиIэт къуитхурэ пхъуитIрэ. ЗэрыжаIэжымкIи, Къэрэхъу и къуэ нэхъыжьыр Бабырэ и ныбжьт. Щ1алэр абы щхьэкIэ и адэм хуэарэзытэкъым, Бабыри фIыуэ илъагъутэкъым. Мыбдеж къислъхьа сурэтым итщ а щIалэр Бабырэ бгъэдэсу. Бабыри иужькIэ бынибл игъуэтыжащ: къуищрэ пхъуиплIрэ.
Бабырэ Бибэрт къуажэм щыщт, Къардэнхэ япхъут (иджы Елбыргъэн къуажэкIэ йоджэ). 1905 г