Как вы, вероятно, уже знаете, мы начали проект «Языки России». Будем рассказывать о языках, на которых говорят в России, и переводить на эти языки новости.
Одна из самых интересных за прошлую неделю новостей посвящена тому, что Android превратят в крупнейшую сеть обнаружения землетрясений. «Андроидым къыхащ1ык1ынущ щ1ы хъейныгъэр къэзыгъуэ зэпыщ1эныгъэ п1ащэ», — так выглядел бы этот заголовок на кабардино-черкесском языке, которым владеют 515 тысяч 672 человека по данным переписи 2010 года.
Проект «Языки России» создан при содействии АНО «Институт развития интернета»
Гуглым игъэ1уащ, пасэу щ1ы хъейныгъэр къэгъуэтыным пап1щ1э смартфонхэм я акселометырхэм и къэгъэлъагъуэхэр Андроидым къыщигъэсэбэпыну. Смартфонхэм я 1уэхук1э зэпыщ1а гупым и серверым хуаут1ыпщынущ, псынщ1эу зызыубгъу Р-волнахэм ещхь дамыгъэхэр,адэк1э серверым куейхэм ящыщ зым къагъэлъагъуэхэр зэпкъриха нэужь ц1ыхухэм щыхуиут1ыпщынущ п1эщ1эгъуэ хъыбархэр.
Хабзэ хъуауэ щ1ы хъейныгъэр къыщ1эгъэщыным къагъэсэбэп , сеймограф тэмэм дыдэ зи1э к1элъыплъ станцхэр. Языныкъуэхэм деж абыхэм щ1ы хъейныгъэ зэрыщы1эныр нэхъ пасэу къащ1эф,ауэ абы щ1идзэмэ, абыхэм зэман мащ1э къуат, ц1ыхухэм хъыбар ебгъэщ1эн папщ1э. Ар зэрыщытыращ, щ1ы хъейныгъэр зэхэтщ сейсмическэ волна зэмыл1эужьыгъуэурэ: Р-волнахэр щ1ы щхьэфэм япэу нос, абы и ужьым иту S-волнахэр, зэтекъутэныгъэшхуэ къэзыхь щ1ы щхьэфэ волнахэр.
Псынщ1эу лажьэ, к1элъыплъ станцхэмрэ хъыбарегъащ1э л1эужьыгъуэхэмрэ эпицентрым пэмыжыжьэ ц1ыхухэм секунд зыбжанэ лейуэ я1эщ, а секунд бжыгъэ мащ1эм ущрикъу щы1эщ, нэхъ мыхъуми, зыхъумап1э къэбгъуэтыну е щ1ыбым ущ1эжыну.
Арщхьэк1э, зэпыщ1эныгъэ п1ащэм к1элъыплъ станцхэм ехьэл1а ухуэныгъэ лэжьыгъэхэм уасэшхуэ тохьэ, абы къыхэк1к1э, илъэс зыбжанэк1э узэ1эбэк1ыжмэ къэхутак1уэхэм я хьэрычэт халъхьащ, мы 1уэху гугъур граждан щ1эныгъэхэр къагъэсэбэпу зэхагъэк1ыну. Смартфон акселерометрым и къэгъэлъагъуэхэм к1элъыплъ дыщ1ыгъу трагъэувэну, зэгуэрк1э, щ1ы хъейныгъэ щы1эмэ, дамыгъэхэм елэжь системэм ирагъэхьыну.
А системэм лъэныкъуэф1к1э зыкъигъэлъэгъуащ, япэ илъэс ныкъуэм абы пасэу къищ1ащ щ1ы хъейныгъэ щипл1ым щ1игъу. Ауэ абы щыщ1эныгъэ ин и1эт , ар зэрагъэзэщ1ар дыщ1ыгъу щ1ык1эут, смартфон къэгъэсэбэпак1уэхэм хуейуэ трагъэуну, хамыщ1ык1и -1ауэ.
А 1уэху гугъур Гуглым зэхигъэк1ащ , сейсмическэ волнахэр къэзэрагъуэтым и алгоритмыр Андроидым и операционнэ системэм хигъэхьащ. И пэхэм деж смартфоныр хуэмущ зэрылэжьэныр, абыхэм и къэгъэллагъуэхэр къызэщ1икъуэжурэ серверым елэжьынущ, ауэ абы хъыбархэр иригъэхьэхьынукъым. Абы и п1эк1э ц1ыху къэгъэсэбэпак1уэхэм къалъыхъуэу еплъыфынущ «щ1ыхъейр» (е абы ещхь гуэр) хъыбарым, а куейм щ1ы хъейныгъэ зэрыщы1эным, щ1ып1э здэщы1энк1э хъуным, а сейсмическэ волнахэр къыщыхэщам ик1и упщ1э иратыфынущ, а къэсабэпак1уэм сысыныгъэр зэхищ1арэ зэхимыщ1арэ.
Ет1уанэ 1ыхьэу, къэгъэлъагъуэхэр зэхуихьэсу алгоритмыр иджа нэужь, системэм жыджэру зыщиубгъуныр.Смартфон куэдым зы куейм къриубыдэу Р е S- волнахэм ещхь къагъуэтмэ пэ1удз убгъуауэ п1эщ1эгъуэ хъыбарыр иут1ыпщынущ: унэк1уэц1ым зыхъумап1э къызэрыхэпхынымрэ щ1ы хъейныгъэм теухуа къэгъэлъагъуэхэр дыщ1ыгъуу.
Волналъыхъуэ алгоритымхэр мыувы1эу, къару куэд тек1уадэу зэрылажьэм къыхэк1к1э, ахэр жыджэру щылэжьэныр смартфоныр узэдыгъуэм щыпымыщ1ам дежщ. Абы къыщынэмыщ1а, системэр щылэжьэныр смартфон къэгъэсэбэпак1уэм и « Геолокация Гугл» дыщ1ыгъур щ1эгъэнауэ щытмэщ.
Мы системэр щылэжьэфынур нэхъ пасэу къыдагъэк1а Google Play сервис зыхэт смартфонхэращ (къапщтэмэ, Андроид-смартфонхэр псори хеубыдэ), китайым и локальнэм къыщынэмыщ1а, Андроид 5.0 къару зыхэтхэм ищхьэк1э псори.
Апхуэдэуи Гуглым хъыбарыщ1э къыхилъхьащ: колифорнийскэ хъыбарегъащ1э системэм зэрыдэлэжьэнур ик1и штатым щыпсэу ц1ыхухэм щ1ы хъейныгъэ, сейсмическэ волна щы1эмэ хъыбар пасау зэра1эрыхьэнур.
Смартфонхэм нэгъуэщ1 граждэн щ1эныгъэ проект куэд и1эщ. Псалъэм папщ1э, аргъуей уз-зехьэхэм теухуа къэгъэлъагъуэхэр щызэхуахьэс дыщ1ыгъу, абы и щ1эупщ1эри нэхъ мащ1экъым, аргъуей гъэк1уэд къэхутэныгъэм нэхърэ, тек1уадэри куэдк1э нэхъ мащ1эщ.
Перевод выполнила Замира Аталикова