ЩIэныгъэми адыгэу дыхэвгъэт!
Жэпуэгъуэм и 30-м «Синдика» хьэщIэщым щызэхэтащ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зэIущIэ. Академием и зи чэзу зэхыхьэм ирихьэлIэу КъБР-м къэкIуэжа щIэныгъэлI, физикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор цIэрыIуэ Дэбагъуэ СулътIан абы ирагъэблэгъащ. КъищынэмыщIауэ, «Адыгэхэр – 2040» Iуэхур зэрыкIуатэм, блэкIа мази I0 къриубыдэу академием и къудамэхэм ялэжьам тепсэлъыхьащ. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ ЩIДАА-м и вице-президент, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Абы хэтащ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Къущхьэ Хьэсбий, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор БакIуу Хъанджэрий,...