Адыгэ уэрэдыжьхэм — псэщIэ
Ди адэжьхэм къащIэна уэрэдхэр — адыгэ лъэпкъым и тхыдэщ, и бзэщ, и лIыгъэщ, и гъуджэщ… Жагъуэ зэрыхъущи, IуэрыIуатэм хыхьэ уэрэдхэр, макъамэхэр, гъыбзэжьхэр цIыхубэм зэрынагъэсыным, хагъэIуэным телажьэр закъуэтIакъуэщ. НобэкIэ апхуэдэ лэжьыгъэр зи пщэм дэзылъхьэм лъэпкъым хуищIэр гъунэншэщ, щIэблэм и къэкIуэнум хуилэжьыр Iуэхушхуэщ. Адыгэ лъэпкъым и щыгъуэщIэж махуэм — (накъыгъэм) и 21-м ехъулIэу хьэгъундыкъуейдэс, бзылъхугъэ лъэпкъыпсэ Аслъэныкъуэ Лизэ илъэс 15-м щIигъукIэ зэхуихьэса, адыгэ лъэпкъым къыдекIуэкIа уэрэдыжьхэр зэрыт тхылъ телъыджэ дунейм къытригъыхьащ. ЖыпIэнурамэ, апхуэдиз илъэскIэ...