Адыгэ тхакIуэ, усакIуэ, драматург IутIыж Борис и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Тыргъэтауэ» пьесэ цIэрыIуэр. Абы къыщыIуэтащ адыгэхэр къызытехъукIа мэуэтхэм ящыщ бзылъхугъэ Тыргъэтауэ и гъащIэр къызэрекIуэкIар. Къэбэрдей драмэ театрым щагъэуват спектаклыр икIи илъэс куэд щIауэ догъэщIагъуэ а бзылъхугъэм и образ гъуэзэджэр. Куэдым ящIэркъым IутIыжым ар къигупсыса мыхъуу, пэж дыдэу тхыдэм къыхэщыж пащтыхь гуащэм и гъащIэм щыщ пычыгъуэу къызэриIуэтэжар. Ауэ пьесэм къыщыгъэлъэгъуа кIэухым хуэдэкъым Тыргъэтауэ и хъыбарым иIар.
Ди лъэхъэнэм и пэкIэ 388 гъэм къалъхуащ Тыргъэтауэ икIи синдхэм япщ Джэгъэтей и щхьэгъусэу щытащ. Илъэс куэдкIэ зэдэпсэуащ а тIур, фIыуэ зэрылъагъуу, быни зэдагъуэтауэ. А зэман жыжьэм тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм деж къэтIыса алыдж Боспор пащтыхьыгъуэм и тет Щэтир синдхэмрэ мэуэтхэмрэ къезауэрт я щIыр иубыдыну хуейуэ. Тыргъэтауэ и адэм нэгъуэщI бын иIэтэкъым, езыр жьы дыдэ хъуати, ипхъу закъуэр мэуэтыдзэм и пашэу зауэм щыIащ. Тыргъэтауэ джатэр апхуэдизкIэ Iэзэу игъэIэкIуэлъакIуэрт, л