Добавить в корзинуПозвонить
Найти в Дзене
КУЛЬТУРА.КБР

Адыгэбзэ

I Анэбыдзышэ зыдисфа, Си щIыфэр нобэм зыгъэтхытх, Си гущIэм макъыу игъэвам И нэхъ дахэIуэр уэ уи сэнтхщ. А сэнтх акъужьым и ежьу Уи уэрэдыжьхэм къахэсша Пшыналъэ бзэпсыр зыгъэзу Гупсысэм пасэу псэр дешащ. Псэр щешым - зэшым нэхъри зедз, Дурэш-плIэрэшыр хуримыкъуу, Лъэпкъ Iуэхур зэщхьыр къупщхьэ узщ, Бзэр кIуэдым, лъэпкъым и пкъыр мэгъур. Анэбыдзышэ зыдисфа, Фэрныплъ жэбзауэ щхьэм дэуей Си адыгэбзэ, къэзгуфIам Бгъурылъ уи псалъэрщ си дунейр. II Нэхутхьэхуу махуэхэр блэлъэтт. УэзгъэкIу макъамэ къэзгъуэтамэ, Е уэрэдыпкъыр пхуэхъум дамэ, Лэгъупыкъу сэплъу зэщIэблэнт. А заул мащIэм къигъэщIа Гупсысэ щIэншэм сыхэплъэжым,- (Хэт жиIэфыну я нэхъ пэжыр?) Ныбжьэгъум хуэдэт сыIущIа. ЩIэрыщIэу щIэ гуэр жыIэгъуейщ! Гугъуехьми къехьыр узэмыжьэ… Жыгей мэзыжьым щIэж лъэужьу Зыгуэр къэзгъанэм - сывмыгъей. ✒️Хьэӏупэхэ Джэбрэlил ЗаурХаупа

Адыгэбзэ

I

Анэбыдзышэ зыдисфа,

Си щIыфэр нобэм зыгъэтхытх,

Си гущIэм макъыу игъэвам

И нэхъ дахэIуэр уэ уи сэнтхщ.

А сэнтх акъужьым и ежьу

Уи уэрэдыжьхэм къахэсша

Пшыналъэ бзэпсыр зыгъэзу

Гупсысэм пасэу псэр дешащ.

Псэр щешым - зэшым нэхъри зедз,

Дурэш-плIэрэшыр хуримыкъуу,

Лъэпкъ Iуэхур зэщхьыр къупщхьэ узщ,

Бзэр кIуэдым, лъэпкъым и пкъыр мэгъур.

Анэбыдзышэ зыдисфа,

Фэрныплъ жэбзауэ щхьэм дэуей

Си адыгэбзэ, къэзгуфIам

Бгъурылъ уи псалъэрщ си дунейр.

II

Нэхутхьэхуу махуэхэр блэлъэтт.

УэзгъэкIу макъамэ къэзгъуэтамэ,

Е уэрэдыпкъыр пхуэхъум дамэ,

Лэгъупыкъу сэплъу зэщIэблэнт.

А заул мащIэм къигъэщIа

Гупсысэ щIэншэм сыхэплъэжым,-

(Хэт жиIэфыну я нэхъ пэжыр?)

Ныбжьэгъум хуэдэт сыIущIа.

ЩIэрыщIэу щIэ гуэр жыIэгъуейщ!

Гугъуехьми къехьыр узэмыжьэ…

Жыгей мэзыжьым щIэж лъэужьу

Зыгуэр къэзгъанэм - сывмыгъей.

✒️Хьэӏупэхэ Джэбрэlил

ЗаурХаупа