Найти в Дзене

Къебгъажьэр хабзэщ

Адыгэ щэнхабзэм хуэлажьэ, ар зыхъумэ, нэхъри езыгъэфIакIуэ цIыхум фIыщIи щытхъуи хуэфащэщ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, иджырей хьэгъуэлIыгъуэхэмрэ махуэшхуэхэмрэ адыгэ хабзэм тету дэзых джэгуакIуэхэр ди куэдщ иджыпсту. Ауэ япэ дыдэу къежьа гупхэм ящыщщ Къуныжь Маринэ зи унафэщI «ДжэгуакIуэ» IуэхущIапIэр.
— Адыгэ лъэпкъым хабзэ дахэ куэд къыдекIуэкIыу щытащ, дуней псом къыщрацIыхуу. Абыхэм я нэхъыбэр зэрытIэщIэхужам псори дыщыгъуазэщ. Дауи, абы щхьэусыгъуэ куэд иIэщ икIи абыхэм куэдрэ дытопсэлъыхь. Упсалъэр зырикIщ, Iуэху къыкIэлъымыкIуэмэ. Сыту жыпIэмэ, цIыхум ебгъэлъагъуращ ищIэжынури, дэзыхьэхри, фIэгъэщIэгъуэнри. Псалъэм папщIэ, пасэрейм хьэгъуэлIыгъуэр дауэ зэрырагъэкIуэкIыу щытар? Жэщищ-махуищкIэ зэхэтт гуфIэгъуэр, ефэ-ешхэр хабзэ ткIийм тету, щIалэгъуалэр джэгуу пщIантIэм дэту, хьэтиякIуэм пщащэхэмрэ щауэхэмрэ къыдишурэ, къызэдэфитIым къищынэмыщIа нэгъуэщI утыкум ирамыгъыхьэу, джэгур дахэу иригъэкIуэкIыу апхуэдэт. А псори зыгъэджэгужыр, гуфIэгъуэр гуфIэгъуэ зыщIыжыр джэгуакIуэрат. Уэрэ

Адыгэ щэнхабзэм хуэлажьэ, ар зыхъумэ, нэхъри езыгъэфIакIуэ цIыхум фIыщIи щытхъуи хуэфащэщ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, иджырей хьэгъуэлIыгъуэхэмрэ махуэшхуэхэмрэ адыгэ хабзэм тету дэзых джэгуакIуэхэр ди куэдщ иджыпсту. Ауэ япэ дыдэу къежьа гупхэм ящыщщ Къуныжь Маринэ зи унафэщI «ДжэгуакIуэ» IуэхущIапIэр.
— Адыгэ лъэпкъым хабзэ дахэ куэд къыдекIуэкIыу щытащ, дуней псом къыщрацIыхуу. Абыхэм я нэхъыбэр зэрытIэщIэхужам псори дыщыгъуазэщ. Дауи, абы щхьэусыгъуэ куэд иIэщ икIи абыхэм куэдрэ дытопсэлъыхь. Упсалъэр зырикIщ, Iуэху къыкIэлъымыкIуэмэ. Сыту жыпIэмэ, цIыхум ебгъэлъагъуращ ищIэжынури, дэзыхьэхри, фIэгъэщIэгъуэнри. Псалъэм папщIэ, пасэрейм хьэгъуэлIыгъуэр дауэ зэрырагъэкIуэкIыу щытар? Жэщищ-махуищкIэ зэхэтт гуфIэгъуэр, ефэ-ешхэр хабзэ ткIийм тету, щIалэгъуалэр джэгуу пщIантIэм дэту, хьэтиякIуэм пщащэхэмрэ щауэхэмрэ къыдишурэ, къызэдэфитIым къищынэмыщIа нэгъуэщI утыкум ирамыгъыхьэу, джэгур дахэу иригъэкIуэкIыу апхуэдэт. А псори зыгъэджэгужыр, гуфIэгъуэр гуфIэгъуэ зыщIыжыр джэгуакIуэрат. Уэрэдыжьхэр къришрэ шыкIэпшынэр игъэбзэрабзэу, гушыIэр и бэу цIыхухэм яхэтт джэгуакIуэр. Абыхэм пщIэшхуэ хуащIу, ягъэлъапIэу щытащ. Илъэс 25-30-кIэ узэIэбэкIыжмэ, щIалэгъуалэр зэхэтIысхьэжарэ Iэнэм щысу, щыхьэлынши къэхъуу, утыкум цIыху зыбгъупщI къызэрытешарэ, зыр зым едэмэпкъэуэжу, къызэрыфэ къафэри гурыIуэгъуейуэ щытащ… Апхуэдэу пасэрей хабзэхэр кIуэдыжыгъуэ ихуат. Мис а псори «къызэузхэм» къызэрагъэпэщыжащ джэгуакIуэхэмрэ адыгэм нэхъапэм дауэдапщэхэр зэрырагъэкIуэкIыу щыта хабзэхэмрэ. «ДжэгуакIуэр» къапщтэмэ, нэхъыбэу едгъэкIуэкIыр концертхэмрэ джэгухэмрэщ. Ауэ гущэхэпхэ, лъэтеувэ, хьэгъуэлIыгъуэ, кхъуейплъыжькIэрыщIэ, нэгъуэщI гуфIэгъуэхэри дыдох. А псори адыгэ хабзэхэм тету. «ДжэгуакIуэ» IуэхущIапIэр къызэгъэпэщыным сыхуэзышар ЦIыпIынэ Аслъэнт. Ар адыгэ дауэдапщэхэмрэ щэнхабзэмрэ щытепсэлъыхь нэтын зыбжанэ телевиденэмкIэ къиту срихьэлIат. Абы жиIэ псори сфIэгъэщIэгъуэну седаIуэрт сытым дежи. Ди хабзэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным теухуауэ Аслъэн куэд ищIащ, псыпэхэшу жыпIэ хъунущ. Мы ЦIыпIынэм зи гугъу ищIыр нэхуапIэу щызэрахьэ IуэхущIапIэ щхьэ къызэдгъэпэщ мыхъурэ жысIэри, си акъылыр абы хуэкIуауэ щытащ. ИтIанэ сэ езым архивым хэлъ тхыгъэхэр, дэфтэрхэр сджыуэ щIэздзащ, къуажэ-къуажэкIэ нэхъыжьхэм деж сыщычэнджащэурэ, пасэрейм адыгэ дауэдапщэхэр, гуфIэгъуэ махуэхэр зэрагъэлъапIэу щытар зэхуэсхьэсыжащ.
— ЩыщIэбдзагъащIэм, Маринэ, «ДжэгуакIуэм» и мурадхэр къехъулIэу, цIыхухэм хабзэхэр къащтэжу къыпщыхъурэт?
— А псор щIэтщIэжыр щIалэгъуалэрати, дыхуейт ди лэжьыгъэм гу къылъатэну. Псалъэм папщIэ, арыххэу хьэгъуэлIыгъуэм ехьэлIа хабзэ псори къедмыгъэщтэжыфми, Мендельсон и маршым и пIэкIэ «Уэркъ къафэр» къеуэу нэчыхь ирагъэтхыу, МафIэ мыужьыхыжым и закъуэ мыхъуу, Урыс-Кавказ зауэжьым хэкIуэдахэм я фэеплъми удз гъэгъа тралъхьэу тщIыну тхузэфIэкIащ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, хабзэ кIуэдыжахэр дызэрыхуейм хуэдэу псынщIэу икIи тыншу тхухэлъхьакъым щIалэгъуалэм. Дахэм нэр етхьэкъу, псэр егъэхъуапсэ. Ди адыгэ хабзэхэр езыхэр дыщэм хуэдэкъэ, хуэмурэ европей бостейм ипIэкIэ адыгэ фащэ щатIагъэ хъужащ, ауэрэ хэкупсэхэри къэщIэрэщIэжащ, зи лъэпкъымрэ хабзэхэмрэ пщIэ хуэзыщIхэми я бжыгъэм хэхъуэу щIидзащ. Къебгъажьэр хабзэщ, жаIэ. ЩIалэгъуалэр зыкIэлъыкIуэр модэращ. КъызэрысфIэщIымкIэ, уадыгэныр модэу къащыхъуурэ зэман тIэкIукIэ дыкъэгъуэгурыкIуами, абы щIигъэхуэбжьащ зэманым тIэщIиха ди адыгагъэ щыпкъэм дыхуэкIуэжынур.
— Иджыпсту сыт фызытелажьэр, Маринэ?
— «Черкесский круг» жиIэу, Саралъп Роберт и унафэщIу диIащ зы къэфакIуэ-джэгуакIуэ гуп дыгъэл. Ар къагъэщIэрэщIэжу утыку кърахьэжыну йолэжьри, садоIэпыкъу.
— Iуэхуу къепхьэжьэм псэ хыболъхьэ, Маринэ. Тхьэм уригъэфIакIуэ.
— Узыншэ ухъу!