Ди бзэр зэфIэувэгъуей хъунукъым Нобэ деплъмэ зы жылэ гуэри къэдгъуэтынкъым ибзэр итх, иужькIэрэ куэдрэ елэжьа нэужь зэримыгъэзэхуэжауэ. Зи бзэр бзэ мыхъунуэ зы жылэ закъуи бгъуэтынкъым фIэIуэхуу, хуэзэу игъэлажьэмэ. Арысер илъэс 300 ипэкIэ пщы цIыкIу цIыкIухэу, щIагъуу зэхэмыхьэу тхыгъэкIэ зэлъэмыIэсхэу, хьэрф гъэнэхуа ямыIэу зэрыщытам къыхэкIкIэ ябзэри зэтемыхьэу щытахэщ. Нобэ ди Кэфкъазым ис адыгэ лъэпкъхэми ябзэр зэрызытекIар абы ещхьщ. Ауэ а урысхэм я тхэн, еджэнхэм и фIыгъэкIэ нэхъ цIыху азэу къахэкIхэм бзэр убгъуа зэрыхъункIэ, ягъэлажьэурэ, нэхъ къекIур, хаубыдыкIурэ мисс иджы тлъагъу урысыбзэр утыкум къихьащ. Абы ещхь дыдэщ адрей къэралхэм ябзэри зэрызэфIэувар. Ауэ щыщыткIэ дэ адыгэри абыхэм дадэплъеин хуейщ, дибзэр убгъуа хъун папщIэкIэ, дэнэкIэ щыIэ ди лъэпкъэгъухэми ди бзэр зыуэ зэдгъэзэхуэн хуейщ. Ди бзэм хэдгъэхъуэн папщIэкIэ, дэтхэнэ къуажэми IуэрыIуатэу къахэна уэрэдыжь, шыпсэжь, хъуэхъухэр зэхуэхьэсыжын хуейщ, а псэлъэжьхэр зэIудгъэхьэжыныр ди куэдыщ. Али Шогенцуков