Жэпуэгъуэ мазэр 1ут1ыж Борис и мазэщ Сэ къыхызощ1ык1ыр пшэхум уи сурэтыр,- Пшэхур зэк1эщ1ок1ри, и к1эр сф1ок1уэдыж. Къуршым укъыхэплъу теплъэ къызогъуэтыр,- Ари гъуэбжэгъуэщщи, гъуэзым хотк1ухьыж... Ф1ыкъым щымы1эжым куэдрэ утегъэныр,- Гъащ1эм ф1эф1ыр псоми ебэкъуэфхэращ. Ауэ дауэ уи гум узэребэкъуэнур,- абы и блэк1ари нобэри уэращ... Къыщек1ухь гупсысэм гъащ1э ауз куэдым, Къыщек1ухьри, пщ1ыхьхэм уэ къыщыпхуозэж. Пщ1ыхьхэр - тф1эк1уэдауэ гум хуэмыгъэк1уэдхэм Я хэщ1ап1э закъуэу щы1э дуней пэжщ... Гъэхэм гурылъ псори дэлъэлъэж зи гугъэм Хищ1ык1акъым зэи зыри лъагъуныгъэм. © 1ут1ыж Борис