Найти тему

ГЪУНЭГЪУХЭМ ЗЫПАУБЫДАР

Пщэдджыжьым Хъуэжэ и фызыр жэм къишыну щ|эк|ати, къыщ|элъэдэжащ, же|э, Хъуэжэ хэлъу. Къыщ|элъэдэжри:

-Кхъы|э, Аллыхьым и хьэтырк|э, къэтэдж, ди гъунэгъур зэроук|! - жи|ащ жи.

-Уэлэхьи, сыкъэмытэджыну!

-Къэтэдж |ей, мэгъуэгхьэ, Аллыхьым укъигъэщ|ам! - жери щызырихуэм, пц|ану |эдялыр зэришэк|ри, Хъуэжэр к|уащ.

Хъуэжэ щык|уэм щыгъуэ мо зэрыхь-зэрий къомым яхэлъадэщ Хъуэжэи, еуэщ аби, и |эдялыжьыр тыралъэфащ мо зэрыхь-зэрийм. Тыралъэфщ аби, Хъуэжэ зэплъыжри, къыщ|эпхъуэжащ. Къыщ|эпхъуэжщ аби:

-Сыт мыгъуэт зыпаубыдар, сыт щхьэ|э зэрыук|а а къомыр ?

и фызым ар щыжи|эм щыгъуэ:

-Уэлэхьи, абы зыпаубыда щымы|эт, си |эдялыжь закъуэрат щ|ызэзауэри, я|эрыхьэри бэяужащ, - жи|ащ жи!

  • Мы адыгэ хъыбарым теухуау, зы псалъэ зы т|у къык|ыщ|эфтхэ!
  • Дау къыфщыхъуа абы я |охур?
  • Фи махуэ ф|ыуэ!